Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




2 Петр 3:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




2 Петр 3:14
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.


Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


Мэссихь щыгугъыу, апхуэдэу зэрыхъунури хьэкъыу пхыкӀауэ пэплъэ дэтхэнэми и гур егъэкъабзэ, Мэссихь и гур къабзэу зэрыщытым хуэдэу.


Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ.


къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.


Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


– А унэӀутыр гъуэгу махуэ теуващ, тепщэр къэкӀуэжрэ апхуэдэу ищӀэу кърихьэлӀэжмэ.


«Зиусхьэн, сызэрыбгъэгугъам тету сэ, уи ӀуэхутхьэбзащӀэр, сигу зэгъауэ, дунейм срехыж иджы;


Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.


Дэ ди хэкур уафэрщ. Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, уафэм къехыу, дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлынум дыпоплъэ.


– Аращи, «Мис, Мэссихь губгъуэ нэщӀым щыӀэщ», къыщывжаӀэкӀэ, абы фымыкӀуэ «Мис, Мэссихь пэшым щӀэтщ», къыщывжаӀэкӀи фи фӀэщ фымыщӀ;


Зыри уи мылажьэу, зыми узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, ди унафэр гъэзащӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху.


А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.


Мыр етӀуанэ тхылъу ныфхузотх, фӀыуэ слъагъухэ. А тхылъитӀымкӀи мы Ӏуэхугъуэхэр фигу къэзгъэкӀыжурэ щыпкъагъэр къывгурызгъэӀуэну сыхэтщ.


Мы Ӏуэхугъуэхэм ар щытопсэлъыхь и тхылъ псоми. ГурыӀуэгъуейхэм фыщрихьэлӀэнущ а тхылъхэм. Теубыдагъэ зимыӀэ цӀыху акъылыншэхэм Паул и тхылъхэр зэӀагъэхьэ, адрей тхылъ лъапӀэхэр зэрызэӀагъэхьэм хуэдэу. Апхуэдэу зэращӀымкӀэ хоукъуэ, лей зрахыж.


– Ар щызэхахым, хъыджэбз псори къэтэджри, я уэздыгъэхэр ягъэхьэзыращ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ