1 Мыр етӀуанэ тхылъу ныфхузотх, фӀыуэ слъагъухэ. А тхылъитӀымкӀи мы Ӏуэхугъуэхэр фигу къэзгъэкӀыжурэ щыпкъагъэр къывгурызгъэӀуэну сыхэтщ.
Аращи, си Ӏэхэр нызэрыптеслъхьамкӀэ Тхьэм лъэкӀыныгъэу къуитам и мафӀэр къызэщӀэбгъэнэн зэрыхуейр уигу къызогъэкӀыж.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
Зиусхьэным хуэлэжьэну цӀыху гуэр бгъэувын папщӀэ, уи Ӏэхэр и щхьэм теплъхьэным ухуемыпӀэщӀэкӀ. НэгъуэщӀхэм я гуэныхьхэм уи Ӏыхьэ яхэлъ умыщӀ. Гукъабзагъэ сыт щыгъуи зигъэӀэ.
Гъуэгу махуэ теуващ зигу къабзэхэр, абыхэм Тхьэр ялъагъунущи.
Сыт щхьэкӀэ, ди Тхьэ, дыхыфӀэбдзэжыпа? Уи хъупӀэм ит мэлым уи губжьыр сыт щхьэкӀэ яхузэщӀэбгъэплъа?
Сыгъэлъагъу, Зиусхьэн, уи гъуэгухэр, сащыгъэгъуазэ уи лъагъуэхэм.
ЕтӀуанэрейуэ фи деж сыщыщыӀам, мыр фэзухылӀащ. Иджы фи деж сыщымыӀэми, аргуэру фызоухылӀэ: нэхъапэ гуэныхь зыщӀахэмрэ адрей цӀыхухэмрэ сыщыкӀуэкӀэ сащысхьынукъым,
ФӀыуэ слъагъухэ, апхуэдэу жытӀэ пэтми, фи Ӏуэхур нэхъыфӀу зэрыщытми фымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыну гъуэгум фызэрытетми дыщогугъ.
ФӀыуэ слъагъухэ, фэ, хамэу икӀи мы дунейм хэхэсу щыпсэухэм, хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ фи псэхэм къыпэувхэм пэӀэщӀэ зыфщӀыну сыныволъэӀу.
Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ.
Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.
Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, мыр фызэрагъэӀущащи, Тхьэм и унафэхэм текӀ цӀыхухэм я гъуэгу пхэнжхэм фызэрытемыхьэнми щыпкъагъэу фызытетым фызэрытемыкӀыжынми фыхуэсакъ.
Мыр фщӀэми, фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ: Зиусхьэным езым и лъэпкъыр Мысыр къэралым къришыжу, мыкӀуэду къригъэлауэ щытми, абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр иужькӀэ игъэкӀуэдащ.*