Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




2 Петр 2:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




2 Петр 2:4
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тепщэныгъэ зыщаӀэ щӀыпӀэр къэзыгъэна мелыӀычу, Тхьэм къарита щӀыпӀэм икӀахэр Тхьэм цӀыхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэшхуэм нэсыху игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжын Ӏэхъулъэхъухэр ярылъу кӀыфӀыгъэм хегъэт.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?


Ахэр зыгъэпцӀа шейтӀаныр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмкӀэ ис хым хадзащ. А хым хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри хадзэгъащ. А хым жэщи махуи гугъуехьышхуэ щашэчынущ абыхэм игъащӀэкӀэ.


– Пэжщ, шейтӀаныр уафэхъуэпскӀым хуэдэу уафэм къехуэхыу слъэгъуащ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.


МелыӀычхэм а цӀыхухэм нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъи нэхъ тепщэныгъи яӀэ пэтми, Тхьэм и пащхьэм абыхэм щахуэшхыдэркъым икӀи щагъэкъуаншэркъым.


Ижь зэманми Тхьэр дунейм къыщысхьауэ щытакъым, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм я дунейм псыдзэшхуэр къыщыщӀигъауэм. Нухь бегъымбарым щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр иӀуатэу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыхуибл и гъусэу Тхьэм ар мыкӀуэду къригъэлащ.


Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ щӀым и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм кӀуэну унафэ яхуимыщӀыну.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


МакъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Тхьэ нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? Тхьэм и цӀэкӀэ сынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!


– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.


Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хадэм ит жыгым и къудамэхэм Тхьэр щащымысхькӀэ, уэ къыпщысхьыну?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ