Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




2 Петр 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Абыхэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм и гъуэгум цӀыху куэд техьэнущ, щыпкъагъэм и гъуэгуми цӀыху куэд хуагъэхъущӀэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




2 Петр 2:2
36 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Фэ фи лажьэкӀэ хамэ лъэпкъхэм щыщхэм Тхьэм и цӀэр ягъэулъий».


А цӀыхухэр зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэми хущӀоджэ; ауэ акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм езыхэм къыдалъхуауэ я хьэлкӀэ Ӏуэхугъуэхэр зэрызыхащӀыкӀым хуэдэу, а цӀыхухэм зыхащӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэр арщ ахэр зытеунахъуэр.


Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну.


КъыщӀэкӀуэнур цӀыху псоми хьэкум ятрищӀыхьыну аращ икӀи абыхэм ящыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъ псоми я къуаншагъэ псори яригъэлъагъуну арщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум имылъу, бзаджагъэ Ӏуэхугъуэу ялэжьа псом щхьэкӀи, псалъэ Ӏейуэ Зиусхьэным теухуауэ жаӀа псом щхьэкӀи къуаншэ зэрыхъуар а гуэныхьыщӀэ цӀыхуу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъхэм яригъэлъагъунущ».


Гъуэгу захуэм текӀри, гъуэщащ ахэр. Босор и къуэу Билеам зи цӀэм и гъуэгум техьащ. Ахъшэ къыхэхъуэн щхьэкӀэ, бзаджагъэ ищӀэну зыфӀэфӀар аращ.


Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.


Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.


Ауэ ди адэжьхэм я Тхьэм сыхуэлажьэурэ, мы цӀыхухэм пхэнжу жыхуаӀэ гъуэгум сызэрырикӀуэр пэжщ. Торэт хабзэм ит псомкӀи бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярыт псомкӀи фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ.


А хъыджэбзым, Паулрэ дэрэ ди ужь имыкӀыу, ину псалъэурэ жиӀэрт: – Мы лӀыхэр Тхьэуэ Лъагэм и лӀыкӀуэщ. Тхьэм фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлын гъуэгур абыхэм къывжаӀэ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


Щыпкъагъэм и гъуэгур ящӀэу щытауэ, итӀанэ текӀыжу я щӀыб унафэ лъапӀэу апостолхэм къыхуагъэнам хуагъэзэным нэхърэ, Мэссихь и хъыбарыфӀым и гъуэгур ямыщӀатэмэ, езыхэмкӀэ нэхъыфӀт.


Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.


Ауэ абыхэм цӀыху ерыщ гуэрхэр яхэтащ, цӀыхухэм я пащхьэм Зиусхьэным и гъуэгум ӀейкӀэ щытепсэлъыхьрэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуну ямыдэу. Ар щилъагъум, Паул абыхэм къахэкӀыжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр къахишащ, Тыранн зи цӀэм и еджапӀэм Тхьэм и псалъэхэм махуэ къэс щригъэдаӀуэуи щӀидзащ.


Синэгуэгум гушхуэныгъэкӀэ къыщыпсалъэу щӀидзащ абы. Прискиллэрэ Акилэрэ Аполлос къэпсалъэу щызэхахым, ар я унэ яшэри, Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарыр нэхъыфӀу къыгурагъэӀуащ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ.


– Уэ шейтӀаным урикъуэщ, уэ пэжыгъэ псом урабийщ. ГъэпцӀагъэ псори бзаджагъэ псори уи гум хуэфӀу илъщ. Тхьэм и гъуэгу занщӀэхэр къуаншэ пщӀыну ухэтыныр щыбгъэтынукъэ?


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Ахэр Хьисэ деж нэсри, жраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, цӀыхухэм жаӀэм зыкӀи узэримыгъэгузавэми дыщыгъуазэщ, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи, икӀи щыпкъагъэм тету, Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ. Кесарым хьэкътын ахъшэ етт хъуну, хьэмэ мыхъуну? Еттыну хьэмэрэ едмытыну?


Арати, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж ягъэкӀуащ, Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр я гъусэу. Абыхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, щыпкъагъэм тету Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм зэребгъащӀэм дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм жаӀэм зыкӀи уигъэгузавэркъым, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи.


Ауэ гъащӀэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащӀэщ.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


Мы цӀыхухэр зыхуэдэр акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэу я хьэл Ӏейуэ къыдалъхуам кърихуэкӀхэращ. А цӀыхухэр яубыдын икӀи ягъэкӀуэдын щхьэкӀэ, къалъхуащ. Зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхухэм яхуошхыдэ. НэгъуэщӀ цӀыхухэр зэрагъэунэхъумкӀэ езыхэм загъэунэхъуж.


ЛутӀ къеджэри щӀашауэ къыжраӀэрт абы: – Дэнэ щыӀэ уэ ныжэбэ къыпхуэкӀуа цӀыхухэр? КъытхущӀэш ахэр мыдэ; дэ декӀуэлӀэнущ абыхэм.


Зиусхьэным и гъуэгу ирикӀуэхэр лӀэхукӀэ исхуэкӀащ. ЦӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Ӏэхъулъэхъу ирезгъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀезгъэдзащ.


Щыпкъагъэ зигу илъ ЛутӀу Тхьэм и унафэхэм текӀа цӀыхухэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм къыхэкӀкӀэ ешар абыхэм ядэмыкӀуэду Тхьэм къригъэлащ,


Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.


Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ