Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




2 Петр 2:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Тхьэм и лъэпкъым бегъымбар нэпцӀхэри яхэтащ. Апхуэдэу, дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэр фэри къыфхэтынущ. ЦӀыхухэм гу лъамытэу, ахэр зыгъэунэхъун Ӏуэхугъуэхэр ирагъэщӀэнущ. Зиусхьэну я щхьэхэр къэзыщэхужари ядэнукъым. Апхуэдэу щыхъукӀэ, езыхэм епӀэщӀэкӀыу загъэунэхъуж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




2 Петр 2:1
73 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.


Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхугъуэхэр цӀыхухэм щамыдэну зэманыр къэкӀуэнущ. ЦӀыхухэм я тхьэкӀумэхэм псалъэ дыгъэлхэр ирагъаӀуэурэ, я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр езыгъэщӀэн егъэджакӀуэхэр къагъуэтынущ.


Бегъымбар нэпцӀ куэд къежьэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр.


Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ.


ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.


Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.


ФызэгурызымыгъаӀуэ цӀыхум зэрэ тӀэурэ еущие, къомыдаӀуэмэ, пэӀэщӀэ зыщӀ.


Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.


А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.


Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, фипкъкӀи фи псэкӀи Тхьэр вгъэлъапӀэ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


УэрэдыщӀэ къыжаӀащ: «Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну уэ пхуэфащэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ, уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.


Гузэвэгъуэу фызыхэтымрэ фи тхьэмыщкӀагъэмрэ сощӀэ, апхуэдэу щытми фыбейщ. ЖурткӀэ зэджэж мыжуртхэр ӀейкӀэ къызэрыфтепсэлъыхьыр сощӀэ. Ахэр журткъым, атӀэ шейтӀаным и зэхуэсым щыщщ.


Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.


Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.


Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр си Адэу уафэм щыӀэм и пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.


Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.


КъывжаӀар мыращ: Мы дунейм и иужьрей зэманым щӀэнэкӀакӀуэу зи мурад Ӏейхэм хуэпсэухэр къэхутэнущ.


Тхьэм и гъуэгум фытезыгъэкӀыну и ужь итхэм ятеухуауэ мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх.


Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.


Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр ищэхужащ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуащ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм тету.


тхьэ нэпцӀхэр гъэлъэпӀэныр, удыгъэ зехьэныр, зэбииныр, зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, цӀыхум езым фӀэкӀа зыри фӀыуэ имылъагъуныр, зэгурымыӀуэныр, гуп-гупу зэхэкӀыныр,


А цӀыхухэр фэ къывогугъу, ауэ абыхэм я мурадыр фӀыкъым. Ахэр дэ фыдбгъэдашыным хущӀокъу, фэ езыхэм фызрагъэгугъун щхьэкӀэ.


Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.


– ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ.


Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, цӀыху псори къыфщытхъумэ, а цӀыхухэм я адэжьхэм бегъымбар нэпцӀхэм апхуэдэу иращӀауэ щытащи.


– Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ» жаӀэу, цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пщылӀ фахуэмыхъу.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Мис, зыми имыгъэбыдэжыфыну бжэр фи пащхьэм щызэӀусхащ. ЛъэкӀыныгъэшхуэ фиӀэкъым, ауэ си псалъэхэр вгъэзэщӀащ, си гъуэгу фызэрырикӀуэри цӀыхухэм я пащхьэм щывущэхуакъым.


Ауэ си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм щыжысӀэнущ.


И унэкъуэщхэм, псом хуэмыдэжу и унэ щӀэсхэм, якӀэлъымыплъ цӀыхур и фӀэщхъуныгъэм епцӀыжащ. Ар фӀэщхъуныгъэ зимыӀэм нэхърэ нэхъ Ӏеижщ.


Ахэр макъышхуэкӀэ къэджащ: «Уэ Зиусхьэн лъапӀэ икӀи щыпкъагъэ зиӀэ Зиусхьэн, ди лъыр зыгъэжауэ дунейм тет цӀыхухэм я хьэкумыр щатепщӀыхьынум икӀи яхуэфащэр щебгъэпшыныжынум сыт пщӀондэ дыпэбгъэплъэну?»


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ