9 Ауэ а Ӏуэхухэр зымылэжь цӀыхур нэфщ, и напӀэ зэтепӀащ. А цӀыхум и гуэныхьхэр и гум Тхьэм зэрыригъэкъэбзыкӀыжар щыгъупщэжащ.
Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.
Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
Мэссихь и псэр щӀитар псымкӀи и псалъэхэмкӀи члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкъэбзэжу, гукъабзагъэ абыхэм яӀэ хъун щхьэкӀэщ.
Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фэри гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ фылӀауэ икӀи Тхьэм фыхуэпсэууэ зыфлъытэж.
Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкӀуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл. Зевгъэумэхъын жыхуэсӀэр фипкъхэм фӀеигъэр ятевгъэкъэбзыкӀыныр аракъым, атӀэ мыхъумыщӀэ лъэпкъ фигукӀэ зыдэвмыщӀэжу Тхьэм фыхуэпэжыну псалъэ ефтыныр аращ.
Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.
Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.
Ар щыжиӀэм, Хьисэ а лӀым еплъщ, игу ирихьри, жриӀащ: – Зыщ уи щыщӀагъэр. КӀуэ, уиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Жорыр къащтэ, къакӀуи, си ужь къиувэ итӀанэ.
Фэ мыпхуэдэу жывоӀэ: «Дыбейщ, куэд диӀэ хъуащ, щыщӀагъэ зыри диӀэкъым». Гъуэгу мыгъуэ фытеувауэ, фытхьэмыщкӀэу, гущӀэгъу фхуэфащэу, фынэфу икӀи фыпцӀанэу фызэрыщытыр фщӀэркъым.