8 А псори фхэлъмэ икӀи ахэр вгъэбагъуэмэ, зыгуэр къывэмыуалӀэу, фӀы гуэри къыфдэмыкӀуэу къэнэнкъым, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь нэхъ благъэ фыхуэхъунущ.
Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.
Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.
Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.
Фымыщхьэх, фӀэщхъуныгъэрэ шыӀэныгъэрэ зэраӀэм щхьэкӀэ Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм я лъэужьым фрикӀуэ.
Тхьэм сызэрелъэӀур щӀэныгъэрэ зэхэщӀыкӀ псомрэ ящӀыгъуу, фӀылъагъуныгъэ нэхъ куэд зэпымыууэ фиӀэну арщ.
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.
Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.
Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фӀыуэ зэрыфщӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуи гузэгъэгъуэшхуэ къыфлърес зэпыт.
Дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ гъусэ укъытхуэхъуащ. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм фӀыуэ къытхуищӀэ псори уэрэ дэрэ зэхудиӀэ благъагъэм нэхъыфӀу къыдгуригъэӀуэну солъэӀу.
Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.
Фи гупсысэкӀэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкӀэм хуэдэ ирехъу:
Фи фӀэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ, зывгъэунэхуж. Хьисэ Мэссихь фи псэм зэрыщыщыр фи щхьэкӀэ фщӀэркъэ? Апхуэдэу мыхъумэ, фызэрыщытын хуейм хуэдэу фыщымыту арщ.
Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщӀыхь, фи гъащӀэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщӀам хуэдэу, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ быдэ фиӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ зэпымыууэ.
Тхьэм и нэфӀ ину къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ гухуабагъэ къыфхуаӀэу Тхьэм фхуелъэӀунущ ахэр.
Гузэвэгъуэ хэтурэ, я щыпкъагъэр икъукӀэ гъэунэхуа щыхъум, тхьэмыщкӀэ дыдэу щытахэри, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, я мылъкуми щымысхьу, къуэшхэм ядэӀэпыкъуащ.
Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ.
Дэ фэ фӀыуэ фызэрытлъагъум хуэдэу, Зиусхьэным нэхъыфӀыжу зэпымыууэ фызэригъэлъагъужын, цӀыху псори зэпымыууэ фӀыуэ фигъэлъагъун ирехъу.
ФӀэщхъуныгъэмкӀи, псэлъэнымкӀи, щӀэныгъэмкӀи, егугъуныгъэшхуэ псомкӀи, фӀылъагъуныгъэу къытхувиӀэмкӀи – а псоми фызэрыхуэкъулейм хуэдэу, ахъшэ зэхуэхьэсынымкӀи, фи мылъкум фыщымысхьу, а ӀуэхуфӀыр ипэкӀэ вгъэкӀуатэ.
Жыджэрагъышхуэ зыхэвгъэлъ зэпыт, Зиусхьэным фыхуэлэжьэным гурэ псэкӀэ зефт.
Сэ фэ фызоцӀыху: Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр фигу илъкъым.
– Тепщэм абы жриӀащ: «Уэ уунэӀут бзаджэщ икӀи уунэӀут щхьэхынэщ. Уэ пщӀэрт сэ жылапхъэр зытезмысам гъавэ къызэрытесхыжыр икӀи зытезмыпхъам къызэрыщызэхуэсхьэсыжыр.
ИкӀэм-икӀэжым, сыхьэтыр тхум деж аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀхэри къыщрихьэлӀэм, абыхэми яжриӀащ: «Махуэ псом зыри фымыщӀэу мыбдежым щхьэ фыщызэхэт?»
– Жызым хадэр зейр пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дэкӀри, нэгъуэщӀ лӀы Ӏуэхуншэхэр бэзэрым тету ирихьэлӀащ.
НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.
ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.
Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун
Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.
А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.
Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.