2 Петр 1:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4 Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Абы къыхэкӀкӀи, Мэссихьщ Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэщӀэ дэлъ зыщӀыр. Апхуэдэу щӀищӀыр и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджа цӀыхухэм мыкӀуэдыжыну щыт ӀыхьэфӀу Тхьэм ахэр къызэригъэгугъар къалъысын щхьэкӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей зэгурыӀуэныгъэм и тепщэныгъэм щӀэту гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм я щхьэр и лӀэныгъэмкӀэ Мэссихь къищэхужащ.