11 апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.
Уэ уи гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, ди Тхьэм хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну уэ дыбгъэуващ; дунейми тепщэныгъэ щыдиӀэнущ».
– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.
Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.
Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм и мурадыр зэрызэблимыхъунур яригъэлъагъуну хуеяти, къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зэригъэзэщӀэнур псалъэ быдэкӀэ къахуигъэпэжащ.
Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.
ДыгъуакӀуэр къыщӀэкӀуэр дыгъуэн, цӀыхур иукӀын икӀи игъэкӀуэдын щхьэкӀэщ. Сэ сыкъыщӀэкӀуар цӀыхухэм гъащӀэр щызу естыну аращ.
ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Тхьэм къытхилъхьа лъэкӀыныгъэмкӀэ Ӏуэхуу дызэрелъэӀуфынухэмрэ дызэгупсысыфынухэмрэ нэхърэ егъэлеяуэ нэхъыбэж ищӀыфынущ абы.
Мы дунейм дыщытеткӀэ тэхъуанэ пэлъытэу диӀэ ди пкъыр кӀуэдмэ, Тхьэм тхуиуха псэупӀэ ӀэрымыщӀ – мыкӀуэдыжын унэ уафэм зэрыщыдиӀэнур дощӀэ.
Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.
Губжьыным зыщыдзей, зызыщӀумыгъаплъэ, абы къыхэкӀыр фӀыкъым.
Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?
Дунейм и кӀэухыр къэсынущ абы и ужькӀэ. Ар къыщыскӀэ, Мэссихь Ӏэтащхьэ псори, тепщэныгъэ зиӀэ псори, лъэкӀыныгъэ зиӀэ псори игъэкӀуэда нэужь, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм тепщэныгъэшхуэр абы къритынущ.
Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.
Зиусхьэным бзаджагъэ псоми сыкъыхихыжынущ икӀи сыкъихъумэурэ, езым и Тепщэныгъэшхуэу уафэм щыӀэм сыщӀишэнущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зеир Зиусхьэнырщ. Ӏэмин.
Аращи, фи фӀэщхъуныгъэр фӀыгъуэкӀэ къызэрывгъэбагъуэным и ужь фит; фӀыгъуэр щӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ;
А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.
Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.