Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




2 Петр 1:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




2 Петр 1:1
40 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


Уэ, Тит, мы тхылъыр ныпхузотх. Зы фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ си къуэ пэжым хуэдэ ухъуащ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыплърес.


«ФӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, абы щхьэкӀэ сыкъэпсэлъащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ диӀэщи, дыкъопсалъэ,


Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.


Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ.


Сэ сы-Петрщ, Хьисэ Мэссихь сриапостолщ. Фэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм, хэгуэшауэ Понт, Галатие, Каппадокие, Асие, Вифиние хэкухэм щыпсэухэм, мы тхылъыр ныфхузотх.


Мэссихь цӀыхухэм тыгъэхэр зэраритар мыращ: цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ, нэгъуэщӀхэри бегъымбару игъэуващ, адрейхэми езым теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуэтэну игъэуващ, итӀанэ нэгъуэщӀ гуэрхэри дин пашэу икӀи дин егъэджакӀуэу игъэуващ.


Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.


СымыкӀуэду сыкъезыгъэл Тхьэм ину сыщогуфӀыкӀ,


Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:


Уи фӀэщхъуныгъэ щыпкъэр си гум къокӀыж. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэр уи анэшхуэу Лоидэрэ уи анэ Евникэрэ я гум илъу щытащ нэхъапэм; иджы ар уи гум зэрилъым сыщогугъ.


икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.


Тхьэр езым и цӀэкӀэ зэджэну лъэпкъыр къыхихын щхьэкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм япэщӀыкӀэ зэреплъар Симон зэхыдигъэщӀыкӀащ.


А апостол пщыкӀутӀыр мыхэращ: Япэрауэ ПетркӀэ зэджэ Симоныр; абы и къуэш Индрис; Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ;


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэркӀэ а мывэр лъапӀэщ. Ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэмкӀэ «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»,


А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм сыхуолажьэ, Хьисэ Мэссихь и апостолуи сыщытщ. Апостол сыщӀэхъуар Тхьэм къыхиха цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ сщӀын, Тхьэм и гъуэгум теухуа щыпкъагъэр езгъэщӀэн щхьэкӀэщ.


МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и мызакъуэу, Мэссихь щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынуи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ хуит фищӀащ.


А щэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм апостол лъапӀэхэмрэ бегъымбар лъапӀэхэмрэ мы зэманым зэрахуигъэнэхуам хуэдэу, цӀыхухэм я япэрей щӀэблэхэм Тхьэм яригъэщӀэгъакъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Петр сунэт ящӀахэм апостолу Ӏуэху яхуищӀащ, сэри сунэт ямыщӀахэм сыапостолу Ӏуэху яхуэсщӀащ, а зы Тхьэр Петри сэри къыддэлэжьащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апостолхэм ящыщу нэхъ цӀыкӀур сэращ, апостол къызжаӀэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкӀыу щытащ.


Сэ сыапостолкъэ? Сэ сыщхьэхуиткъэ? Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь слъэгъуакъэ? Зиусхьэным хуэсщӀа Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуар фэракъэ?


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Тхьэм цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэ гъуэгур хъыбарыфӀым къегъэнахуэ. Япэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэсыху а Ӏуэхугъуэр зэщӀа зэрыхъур фӀэщхъуныгъэм и гъуэгукӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ».


– Фигу ирезагъэ! – къажриӀащ Хьисэ аргуэру. – Адэ лъапӀэм сэ сыкъызэригъэкӀуам хуэдэу, сэри фэ фызогъакӀуэ.


Индрис Хьисэ деж Симоныр къишащ. Симон щилъагъум, Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ у-Симону Иуан урикъуэщ. КифэкӀэ къоджэнущ. (Кифэм къикӀыр «Мывэщ».)


Абы къыхэкӀкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ жиӀащ: «Бегъымбархэри апостолхэри абыхэм яхуэзгъэкӀуэнущ. Абыхэм ящыщ зы гуп къаукӀынущ, адрей гупри гугъу ирагъэхьэнущ».


Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, зэшитӀ ирихьэлӀащ Хьисэ. ПетркӀэ зэджэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэт ахэр. Абыхэм хъыр гуэлым хадзэрт, бдзэжьеящэти.


Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.


Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.


Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб срикъуэшщ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ