Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:8
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


ИтӀанэ япэрей мэлыхъуэ Мэссихьыр къыщылъагъуэкӀэ, текӀуэныгъэм и таж щӀыхьышхуэ зиӀэу мыкӀуэдыжынур къывитынущ.


Тхьэм и бынхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀри диӀэ хъунущ. А мыкӀуэдыжын ӀыхьэфӀу, щыщӀагъэ зыбгъэдэмылъу, зэрыщыту къанэр Тхьэм уафэм къыщыфхуехъумэ.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


Жэр, сыт ищӀыскӀи зыхуосакъыж. КӀуэдыжыну саугъэтыр къахьын щхьэкӀэ, мажэ ахэр, дэ мыкӀуэдыжын саугъэтым и ужь дитщ.


Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


Уафэр зэӀухауэ слъэгъуащ итӀанэ. Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ гуэр къэлъэгъуащ. Шым тесым «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узыщыгугъ хъункӀэ» еджэу жаӀэ. Хьэкум щыпкъагъэкӀэ ещӀэ икӀи мэзауэ.


Апхуэдэу зэрызэдэжэ хабзэм тету къэмыжэм текӀуэныгъэм и таж къратыркъым.


Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:


Апхуэдэу ящӀэмэ, мылъкушхуэ зэхуахьэса мэхъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зрагъэгъуэтын щхьэкӀэ, а мылъкушхуэр къэкӀуэну дунейм лъабжьэ щахуэхъунущ.


Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкӀуми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар».


Мы Ӏуэхухэм щыхьэт техъуэм жеӀэ: «Аращ, куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ». Ӏэмин. КъэкӀуэж, Зиусхьэн Хьисэ!


хуащӀыху къэс, тахътэм тесу сыт щыгъуи щыӀэнум и пащхьэм зыщрадзыхыурэ тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым ар ягъэлъапӀэ. Я тажхэр тахътэм и пащхьэм щагъэтӀылъурэ, мыпхуэдэу жаӀэ:


Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису.


Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


Къемэтмахуэм Зиусхьэным гущӀэгъу къыхурещӀ. Ефес къалэм куэдрэ къыщыздэӀэпыкъуу зэрыщытар уэ фӀыуэ уощӀэ.


Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.


Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу.


Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ.


– А махуэр е а сыхьэтыр къыщысынур зыми ищӀэркъым. Уафэхэм щыӀэ мелыӀычхэми ящӀэркъым, Тхьэм и Къуэми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэм и закъуэщ ар зыщӀэр.


ЦӀыху куэдым мыпхуэдэу къызжаӀэнущ а махуэм: «Зиусхьэн! Зиусхьэн! Тхьэм езым и псалъэу ди гум кърилъхьар уэ уи цӀэкӀэ жытӀэу щытакъэ, уэ уи цӀэкӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхэтхужу щытакъэ, Ӏуэху телъыджэ куэд уэ уи цӀэкӀэ тщӀэуэ щытакъэ?»


ЗигукӀэ щыпкъагъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэращ сэ сыкъэзыхъумэ мэӀур.


Ауэ фэ, ди къуэшхэ, кӀыфӀыгъэм фыхэткъым. Аращи, а махуэр дыгъуакӀуэм хуэдэу фымыщӀэххэу къыфхуэкӀуэнукъым.


Абы нэсыху, уафэм щыӀэ унэм дыщыпсэуну дыщӀэхъуэпсу догумэщӀ.


Сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, Содом къалэм гугъуехьу ишэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.


Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?


хэти и Ӏуэхур зыхуэдэр нахуэ хъунущ, Зиусхьэныр къыщылъэгъуэжыну махуэм ар къигъэнэхуэнущи. А махуэр мафӀэм и щӀыгъуу къэкӀуэнущ, мафӀэм хэт и лэжьыгъэри зыхуэдэр къигъэнэхуэнущ.


Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ.


ауэ иджы дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь къызэрылъэгъуамкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нахуэ къэхъуащ. Хьисэ Мэссихь лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ, хъыбарыфӀымкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ къытхуигъэнэхуащ.


Зыгуэрым ӀурыщӀэ дыщищӀкӀэ, ди гуапэ хъуркъым, атӀэ ди гуауэ мэхъу. Ауэ Тхьэм ӀурыщӀэ ищӀурэ игъэса цӀыхухэм иужькӀэ фӀыуэ абы къахухэкӀыр щыпкъагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ