7 ХъыбарыфӀым фӀыуэ сыхущӀэкъуащ, къэзжынур къэзжащ, фӀэщхъуныгъэр схъумащ.
ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыхьэт куэдым я пащхьэм фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм фӀыуэ щыхьэт ущыщытехъуэм, а мыкӀуэдыжын гъащӀэр бгъуэтыну Тхьэм укъыхуриджащ.
Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.
– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
– Пэжщ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащӀэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ.
Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Мис, зыми имыгъэбыдэжыфыну бжэр фи пащхьэм щызэӀусхащ. ЛъэкӀыныгъэшхуэ фиӀэкъым, ауэ си псалъэхэр вгъэзэщӀащ, си гъуэгу фызэрырикӀуэри цӀыхухэм я пащхьэм щывущэхуакъым.
«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.
НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.
Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу ди гум илъымкӀэ хъумэ.
Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,
Мы дунейм и цӀыхухэм къахэпшэу си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм уэ уезгъэцӀыхуащ. Ахэр уэ уи цӀыхуу щытащ, сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьащ, уэ уи псалъэхэри ягъэзэщӀащ.
Иуан и лэжьыгъэр щиухкӀэ жиӀэрт: «Сэ хэту сыкъэфлъытэрэ? Фэ фызыпэплъэр сэракъым. Фэ фызыпэплъэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым».
Ерусалим сыкӀуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэӀуати, сыкӀуащ. Хамэ лъэпкъхэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀыр унафэщӀ къуэшхэм я закъуэу я пащхьэм щысӀуэтащ, сэ злэжь икӀи злэжьа Ӏуэхур пщӀэншэ мыхъун щхьэкӀэ.
ХъыбырыфӀым сызэрыхущӀэкъур зэрыфлъэгъуам хуэдэу, фэри иджы фыхущӀокъу. А щӀэкъуныгъэм иджыри сызэрыхэтыр зэхэфхащ.
Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.
МелыӀыч гуэрым абыхэм ящыщ дэтхэнэми джанэ кӀыхь къритри, зытэлай загъэпсэхуну яжриӀащ, дунейм и цӀыхухэм ахэр зэраукӀам хуэдэу, абыхэм я гъусэу яукӀыну цӀыхуу Тхьэм хуэлажьэхэмрэ адрей къуэш яукӀынухэмрэ я бжыгъэр ирикъуху.