Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхугъуэхэр цӀыхухэм щамыдэну зэманыр къэкӀуэнущ. ЦӀыхухэм я тхьэкӀумэхэм псалъэ дыгъэлхэр ирагъаӀуэурэ, я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр езыгъэщӀэн егъэджакӀуэхэр къагъуэтынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:3
33 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

зинэ зыщӀэхэр, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэр, цӀыху зыщэхэр, пцӀы зыупсхэр, щыхьэт нэпцӀхэр икӀи, хэту щытми, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхуу узыщыгугъ хъунухэм темытыр. ЩӀыхьышхуэ зиӀэ а хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъэщӀэну зи щӀыхьыр ин Тхьэм си пщэм къыдилъхьащ.


Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, цӀыху псори къыфщытхъумэ, а цӀыхухэм я адэжьхэм бегъымбар нэпцӀхэм апхуэдэу иращӀауэ щытащи.


Ауэ сэ щыпкъагъэр зэрыжысӀэм щхьэкӀэ, жысӀэр фи фӀэщ хъуркъым.


Тхьэм теухуа щыхьэтыгъэр къыфхуэсӀуэтэну фи деж сыныщыкӀуэм, си къуэшхэ, псалъэ дахэхэр жысӀэурэ, акъылыфӀагъэкӀи сынывэпсалъэурэкъым а хъыбарыр зэрыфхуэсӀуэтар.


Афинэ къалэм щыщ псоми, абы дэс хамэхэми хъыбарыщӀэхэр яӀуэтэнымрэ едэӀуэнымрэ зыпащӀ щыӀэтэкъым, а Ӏуэхуми зэман куэд яфӀэфӀыпсу трагъэкӀуадэрт.


КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт.


Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.


Мэссихь Хьисэ уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ уиӀэу, сэ къыжысӀэу зэхэпха, узыщыгугъ хъуну псалъэхэр иригъуазэ абыхэм уатемыкӀ.


КъывжаӀар мыращ: Мы дунейм и иужьрей зэманым щӀэнэкӀакӀуэу зи мурад Ӏейхэм хуэпсэухэр къэхутэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ