22 Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Ди къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фигухэм къащрехуэ. Ӏэмин.
Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.
ФӀылъагъуныгъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ фӀэхъус зэфх. Фэ, Мэссихь зи псэм щыщ псоми фигу ирезагъэ. Ӏэмин.
МыкӀуэдыжын фӀылъагъуныгъэ зиӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. Ӏэмин.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «щӀэныгъэ диӀэщ», зыхужаӀэжурэ цӀыху гуэрхэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀащ. Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Ӏэмин.
Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀ къыфщрехуэ.
Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.
унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.
Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фи гум къыфщрехуэ. Ӏэмин.