Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:2
36 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ди къуэшхэ, дыныволъэӀу, лэжьэну зымыдэхэм зэрыщыуэр ягурывгъаӀуэ, зи гур кӀуэдахэр вгъэгушхуэ, дэӀэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэӀэпыкъу, цӀыху псоми шыӀэныгъэкӀэ фадэгъуэгурыкӀуэ.


А Ӏуэхухэращ цӀыхухэм ебгъэщӀэн хуейр. Тепщэныгъэу уиӀэ псомкӀи цӀыхухэр гъэгушхуэ икӀи абыхэм яущие. Зыми нэмыплъ зрумыгъэт.


Сэ сынэкӀуэху, Тхьэм и псалъэ тхахэм цӀыхухэм я пащхьэм уакъызэрыщыхуеджэнми, цӀыхухэм зэрагурыбгъэӀуэнми, зэребгъэщӀэнми хэт.


ФӀыуэ слъагъухэм ягурызогъаӀуэ, икӀи согъэӀурыщӀэ. Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, си гъуэгум фигурэ фи псэкӀэ фрикӀуэ.


А тхакӀуэм жиӀэр пэжщ. Аращи, ткӀийуэ ягурыгъаӀуэ фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун


Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.


Тхьэм и псалъэхэр зэзыгъащӀэр фӀыуэ иӀэ псоми щыщкӀэ езыгъащӀэм дрегуашэ.


Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхугъуэхэм фащыгуфӀыкӀ. Гугъуехь фрихьэлӀэмэ, зыхуэвгъэщэч. Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.


Псоми я пащхьэм гуэныхь зыщӀэхэм щагурыгъаӀуэ, адрейхэри шынэн щхьэкӀэ.


Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум тету, Тхьэм и хъыбарыфӀыр нэсауэ фэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсхэм сахуолажьэ.


Тхьэм цӀыхухэм къалэн ящимыщӀмэ, абыхэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дауэ зэрыхуаӀуэтэнур? Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «ХъыбарыфӀыр зыӀуатэ цӀыхухэм я лъакъуэхэр сыту дахащэ!»


Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм щӀакхъуэ зэгуэтщӀыкӀыну дызэхуэсащ. Паул етӀуанэ махуэм гъуэгу техьэну мурад ищӀауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэм и псалъэхэр яжриӀэурэ, и псалъэр жэщ ныкъуэм нэсыху иукъуэдиящ.


Къалэм щэбэт махуэм дыдэкӀри, псым дыкӀуащ. Абдежым цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу щӀыпӀэ къыщыдгъуэтынщ жытӀэщ, дытӀысри, къызэхуэса цӀыхубзхэм депсэлъащ.


– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, – жриӀащ абы Хьисэ, – ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр егъэдаӀуэ.


Хьисэ деж къакӀуэри, хуабжьу къелъэӀуащ ахэр: – Уэ ар абы хуэпщӀэну хуэфащэщ,


Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.


ЖаӀэ: зыгъэлӀэн уз къеуэлӀащ абы, ар къэтэджыжынукъым.


Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.


Си къуэшхэ, къызэрывгурызгъаӀуэ псалъэхэр фщтэнкӀэ сыныволъэӀу. Куэдыщэ ныфхуэстхакъым.


Рим дыщынэсым, абы тепщэныгъэ щызиӀэхэм Паулрэ абы и хъумакӀуэ зауэлӀымрэ я закъуэ а къалэм дэсыну хуит ящӀащ.


Саламин къалэм нэсри, журтхэм я синэгуэгухэм* цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуащ. Иуан абыхэм дэӀэпыкъуэгъуу я гъусэт.


Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.


Ди лъэужьми Зиусхьэным и лъэужьми фрикӀуэу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэм фыхэту щыта пэтми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьа гуфӀэгъуэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр фщтащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ