Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Зиусхьэным бзаджагъэ псоми сыкъыхихыжынущ икӀи сыкъихъумэурэ, езым и Тепщэныгъэшхуэу уафэм щыӀэм сыщӀишэнущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зеир Зиусхьэнырщ. Ӏэмин.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:18
40 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уи дэпкъ кӀуэцӀым – мамырыгъэ, уи пщы сэрейхэм шынагъуэншагъэ щреӀэ».


Ауэ Зиусхьэныр щыпкъэщ. Абы фи гур игъэбыдэнущ, шейтӀанми фыщихъумэнущ.


ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».


ФӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фыкъехъумэ, фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлар дунейм иужьрей махуэхэм нахуэ къэхъун щхьэкӀэ.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.


Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


Гъунэгъу дыдэ къытхуэхъуа лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжащ абы икӀи дяпэкӀэ дыкъыӀэщӀихышыжынущ. Фэ Тхьэм фызэрелъэӀумкӀэ фыкъыддэӀэпыкъуурэ, Тхьэм аргуэруи лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжыну дыщогугъ.


Ӏуэху псори Тхьэм и Ӏэм къикӀащ. И лъэкӀыныгъэкӀэ икӀи и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ Ӏуэху псори къэхъуащ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин.


Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр дыгъэ нэбзийхэм хуэдэу Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэм къыщынэхунущ абы щыгъуэ. ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


Сэ сызэрынолъэӀур ахэр шейтӀаным щыпхъумэну аращ, ахэр дунейм тепхыжыну аркъым.


– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.


Езы Тхьэ закъуэр арщ мылӀэжынур икӀи узэмыкӀуэлӀэфыну нэхум хэтыр. ЦӀыхухэм ящыщ гуэрми ар и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым икӀи илъагъун лъэкӀынукъым. ЩӀыхьышхуэри мыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэри зейр Тхьэращ. Ӏэмин.


ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуу адрей цӀыхухэр зыхуэзэхэм фӀэкӀа фэ фыхуэзакъым. Тхьэр пэжщ, флъэкӀынум нэхърэ нэхъыбэ, гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху фыхуэзэну хуит ищӀынукъым. Ауэ гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху гуэр фыщыхуэзэкӀэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ.


сыт хуэдэ мыгъуагъэми сыкъыӀэщӀэзых мелыӀычым и нэфӀ къащрехуэ мы сабийхэм; мы сабийхэм я хьэтыркӀэ цӀыхухэм ягу кърекӀыж сэ си цӀэмрэ си адэхэу Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ я цӀэхэмрэ; мы щӀылъэм щребагъуэ ахэр, щрехъу куэд дыдэ.


МыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин.


ИгъащӀэкӀэ мылӀэжын пащтыхьу, цӀыхухэм ямылъагъуу Тхьэ закъуэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ ейщ. Ӏэмин.


– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.


Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб срикъуэшщ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.


Сэ тепщэныгъэ сиӀэну си Адэм къызэрызитам хуэдэу, фэри тепщэныгъэ фиӀэну фызот.


Дэ гуэныхьу тщӀахэр къытхуэгъэгъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыхъун къыдэзыщӀэ дэтхэнэми дэри худогъэгъури. ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, абы дыщыхъумэ».


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.


Ауэ, си къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ: Лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхум Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысыфынукъым. КӀуэдыжын хуейм мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу иӀэ хъуфынукъым.


Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:


Ауэ къэрал нэхъыфӀ гуэрым щӀэхъуэпсу щытащ – ар уафэм щыӀэ къэралыр аращ. Аращи, езыхэм я ТхьэкӀэ щеджэкӀэ, Тхьэм емыкӀу ищӀыркъым, Тхьэм абыхэм къалэ яхуигъэпсащи.


Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ.


апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ