Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:17
35 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.


Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.


Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, нэгъуэщӀ пащтыхьыгъуэхэм ятекӀуащ, захуагъэр ягъэпсащ, Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэри яӀэ хъуащ. Аслъэнхэм я жьэхэр ягъэбыдащ,


ЕтӀуанэ жэщым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри, къыжриӀащ: – Умыдзыхэ. Ерусалим щыхьэт укъызэрыщысхуэхъуам хуэдэу, Рим къалэшхуэми щыхьэт укъыщысхуэхъун хуейщ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,


ХеящӀэм и пащхьэм фыщрашэкӀэ, «Сыт жытӀэну?» е «Дауэ жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ; жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абдеж дыдэм фи гум къыщрилъхьэнущи.


Антиохие, Иконие, Листрэ къалэхэм цӀыхухэм щызагъэшэча гугъуехьри, гугъуехь куэд зэрыщысшэчари уощӀэ. Гугъуехьышхуэхэр сагъэшэчащ, ауэ Зиусхьэным а псоми сакъыхихыжащ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу си Ӏуэхур злэжыну лъэкӀыныгъэ къызэзытам фӀыщӀэ хузощӀ. Абы дзыхь къысхуищӀу, мы Ӏуэхур си пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хузощӀ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,


Ауэ Зиусхьэным къызжиӀащ: «Сэ си нэфӀ нызэрыпщыхуэр уэркӀэ ирикъунущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ лъэкӀыныгъэ уимыӀэ щыхъукӀэ, си лъэкӀыныгъэшхуэр нэхъ къолъагъуэ». Мэссихь и лъэкӀыныгъэ схэлъ хъун щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ зэрызимыӀэмкӀэ нэхъ си гуапэу сызыщытхъужынущ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.


Ди пащхьэм щекӀуэкӀа Ӏуэхухэм я хъыбар ятхыжыным цӀыху куэд хэтащ.


Иудей хэкум ису фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм Тхьэм сащихъумэнуи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэу яхуэсхьынур гуапэ ящыхъунуи Тхьэм фелъэӀу.


Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ.


гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.


Уэ, дауэ хъуми, зышыӀэ. Гугъуехь шэчи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэм и Ӏуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур нэсу гъэзащӀэ.


Сэ цӀыхухэм ялъэзгъэӀэс хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и хъыбарыр игъуэ дыдэм нахуэ ищӀащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм а хъыбарыфӀыр си пщэм къыдилъхьэри, цӀыхухэм ар яхуэсӀуэтэну унафэ къысхуищӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ