Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:2
43 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым.


Хабзэхэр зэхэкъутамэ, щыпкъагъэ зигу илъым ищӀэн лъэкӀынур сыт?


Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.


уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ;


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.


Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.


Ауэ ди гум илъым нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ инщ. Аращи, Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гум имылъым».


Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.


Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».


а цӀыхум и щхьэм куэд трелъхьэ икӀи зыри зэхищӀыкӀыжыркъым. Ар зэныкъуэкъунымрэ зэдэуэнымрэщ зыщӀэхъуэпсыр. А Ӏуэхухэм кърикӀуэр фыгъуэщ, зэгурымыӀуэнырщ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынырщ, зым адрейм гурыщхъуэ хуищӀынырщ,


ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.


Гугъуехьу яшэчымрэ уӀэгъэу ятелъымрэ щхьэкӀэ, уафэм щыӀэ Тхьэм хуэхъущӀэрт, я щыуагъэхэми хущӀегъуэжатэкъым.


Мы цӀыхухэр зыхуэдэр акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэу я хьэл Ӏейуэ къыдалъхуам кърихуэкӀхэращ. А цӀыхухэр яубыдын икӀи ягъэкӀуэдын щхьэкӀэ, къалъхуащ. Зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхухэм яхуошхыдэ. НэгъуэщӀ цӀыхухэр зэрагъэунэхъумкӀэ езыхэм загъэунэхъуж.


Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.


Ауэ иджы зыкъыффӀощӀыж икӀи фызыщотхъуж. Апхуэдэ зыщытхъужыныгъэ псори Ӏейщ.


А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ.


Аращи, Тхьэм а жыгым къыпищӀыкӀа къудамэхэм я пащхьэм деж ущызыщымытхъуж. Узыщытхъужмэ, мыр зыщыумыгъэгъупщэ: Уэ уи фӀагъ лъабжьэм ебгъэкӀыркъым, атӀэ лъабжьэм и фӀагъ уэ къыуегъэкӀ.


Уэшхуэхэр уафэм къехри, цӀыхухэм къателъэлъащ. Зы уэм путищ хуэдиз и хьэлагът. Уэхэм цӀыхухэм гугъуехь зэрырагъэшэчам щхьэкӀэ, цӀыхухэр Тхьэм хуэхъущӀэрт, а гугъуехьыр икъукӀэ гугъуехьышхуэти.


Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту, ди пащтыхьым и унафэу, «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», жыхуиӀэр вгъэпэжмэ, фӀы фощӀэ.


Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.


Именейрэ Александррэ апхуэдэ цӀыхухэм ящыщщ. Ахэр шейтӀаным хуэзгъэзащ сэ, Тхьэр ямыгъэпцӀу зрагъэсэн щхьэкӀэ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Февдэ и цӀэу лӀы гуэр зэрыпсэурэ куэд щӀакъым. Абы цӀыху ин гуэру закъыфӀигъэщӀурэ, лӀы щиплӀ хуэдизи гъусэ къыхуэхъуащ, арщхьэкӀэ ар яукӀащ, и гъусэхэри зэбгрыкӀыжри кӀуэдыжащ.


Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ.


Апхуэдэу щыхъум, дыгъэм цӀыхухэр хуабэ гуащӀэкӀэ игъэсащ. Мы гугъуехьышхуэхэм тепщэныгъэ яхузиӀэ Тхьэм и цӀэр ягъэулъиину и ужь итащ ахэр икӀи я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, Тхьэм щӀыхь хуащӀын ядакъым.


Хы Ӏуфэм сыӀуту, хым хьэщхьэвылъэ гуэр къыхэкӀыу слъэгъуащ. Щхьибл пытт, бжьакъуипщӀи тетт. И бжьакъуэхэм тажипщӀ фӀэлът. И щхьэхэми Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр телът.


Псэухэр езыхэм я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкӀэ лӀэуэ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжам хуэпсэун папщӀэ, цӀыху псоми я пӀэкӀэ Мэссихь лӀащ.


Абы и щыпкъагъэ уэгум къыщоӀу. Езы Тхьэращ хеящӀэр.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд


Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.


Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм щхьэкӀэ хабзэр зэрамыгъэувар дощӀэ, хабзэр зыхуагъэувахэр мыхэращ: Хабзэм текӀхэмрэ хабзэм пэувхэмрэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр, гуэныхь зыщӀэхэр, зи гур мыкъабзэхэр, Тхьэр зымыгъэлъапӀэхэр, адэ-анэхэр зыукӀыжхэр, лӀыукӀхэр,


псом хуэмыдэу цӀыхуу зи гуэныхьыщӀэ хьэл-щэныжьым и хъуэпсэныгъэ фӀейхэм зэрашэу, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэзымыпэсхэр. Уафэм тепщэныгъэ щызиӀэхэми пхъашэу, ерыщу хуэшхыдэным щышынэркъым ахэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ