3 Хьисэ Мэссихь и зауэлӀыфӀым хуэдэу гугъуехь къыздэшэч.
И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.
Уэ, дауэ хъуми, зышыӀэ. Гугъуехь шэчи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэм и Ӏуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур нэсу гъэзащӀэ.
Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.
Тхьэм и хъыбарыр къывгурыӀуэну абы и нэхур къыщыфтепса блэкӀа махуэр фи гум къэвгъэкӀыж. ФыкъимыкӀуэтыжу и гъуэгу фрикӀуэу, а махуэхэм гугъуехьышхуэ куэд фшэчу щытащ.
Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.
Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,
Антиохие, Иконие, Листрэ къалэхэм цӀыхухэм щызагъэшэча гугъуехьри, гугъуехь куэд зэрыщысшэчари уощӀэ. Гугъуехьышхуэхэр сагъэшэчащ, ауэ Зиусхьэным а псоми сакъыхихыжащ.
Дэ гузэвэгъуэ дыщӀыхэтыр Тхьэм фэ фигу игъэзэгъэн икӀи фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэщ. Тхьэм дигу къыщӀигъэзагъэр дэ тшэч гугъуехьхэм хуэдэхэр теубыдагъэкӀэ фшэчын флъигъэкӀыурэ, фигу игъэзэгъэн щхьэкӀэщ.
ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, пащтыхьым и губжьым щымышынэу, Мысырым къикӀыжащ. ЦӀыхухэм ямылъагъу Тхьэр зэрилъэгъуам хуэдэу и гум теубыдагъэ илъу щытащ.
Ибрэхьим шыӀэныгъэ хэлъти, Тхьэм къызэригъэгугъар иӀэ хъуащ.
ФӀылъагъуныгъэм мыхъумыщӀэ псори егъэгъу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыӀэ иӀэщ сыт щыгъуи.
ЗауэлӀыр езым и ахъшэкӀэ зауэрэ? Хэт жызум хадэ зыщӀэу, жызум зымышхыр? Шэ емыфэу Ӏэхъушэр хэт зыгъэхъур?
Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ дгъуэтыну Тхьэм дыкъызэригъэгугъам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ.
гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.
ди шыпхъу Апфие, Мэссихь щхьэкӀэ дэ къыддэлажьэ Архипп сымэ мы тхылъыр ныфхузотх, ди къуэш Тимофей си гъусэу.
Апхуэдэу, унафэм тету, зауэлӀхэм Паул ирашажэри, жэщым Антипатридэ къалэм нагъэсащ.