Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Зиусхьэным хуэлажьэ цӀыхур зэщыхьэным хэт хъунукъым. АтӀэ цӀыху псоми яхуэфӀу, абыхэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀыу, зызымыгъэгусэ цӀыхуу щытын хуейщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:24
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы нэмыщӀу, ягу къэгъэкӀыж ӀейкӀэ зыми темыпсэлъыхьын, шхыдэрейуэ щымытын, Ӏэсагъэрэ гущабагъэкӀэ адрей цӀыхухэм яхущытын зэрыхуейри.


Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым.


Мэссихь дриапостолщ, тепщэныгъэу фхудиӀэмкӀэ дывдэгъуэгурыкӀуэн тлъэкӀыну щытами, итӀани анэр и сабийхэм фӀыкӀэ зэрадэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу, дэри фӀыкӀэ дывдэгъуэгурыкӀуащ.


Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.


Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.


Фымыпагэ, гущабагъэри шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ, фӀылъагъуныгъэкӀэ зым зыр ирешыӀэ.


ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.


Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.


Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.


ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.


И къуэшхэм ящыщу цӀыхуитӀ зэзауэу Мусэ етӀуанэ махуэм щилъагъум, ахэр зэригъэкӀужын щхьэкӀэ, яжриӀащ: «Фэ лӀитӀыр фызэкъуэшщ, сыт зыр адрейм фыщӀекъуэншэкӀыр?»


Хьэлэбэлыкъ макъ игъэӀунукъым абы икӀи гуоунукъым. Абы и макъыр уэрамхэми зыми щызэхихынукъым.


Зыгуэр фиӀэну фыхуейщ, ауэ фиӀэкъым. ЦӀыху фоукӀ икӀи фохъуапсэ, ауэ фызыхуейр къыфӀэщӀыхьэркъым. Фызэщохьэ икӀи фызэбийщ. Тхьэм фелъэӀуркъыми, фызыхущӀэкъур къывэхъулӀэркъым.


Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр макъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ, фарисейхэм ящыщу торэт егъэджакӀуэ пашэ гуп къэтэджри, адрейхэм еныкъуэкъуурэ, жаӀащ: – Мы лӀым мыхъун гуэр дэтлъагъуркъым. Псэ гуэр е мелыӀыч гуэр къепсэлъауэ къыщӀэкӀынщ. Тхьэм дыпэвмыгъэув.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм сыхуолажьэ, Хьисэ Мэссихь и апостолуи сыщытщ. Апостол сыщӀэхъуар Тхьэм къыхиха цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ сщӀын, Тхьэм и гъуэгум теухуа щыпкъагъэр езгъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,


Ӏэщэу дызэрызауэр мы дунейм и Ӏэщэкъым, бзаджагъэм и быдапӀэхэр зэхакъутэну Тхьэм къыбгъэдэкӀ къару яхэлъщ а Ӏэщэхэм. Гупсысэ пхэнжхэри,


Паулрэ Варнавэрэ абыхэм жаӀэр ямыдэу хуабжьу едэуащ. Арати, къуэшхэм мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ, цӀыху гуп я гъусэу, Ерусалим дэс апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ я деж мы Ӏуэхум щхьэкӀэ ягъэкӀуэну.


– Мы лӀым и пкъыр дигъэшхын зэрылъэкӀынур дауэ? – жаӀэу, журтхэм хуабжьу зэныкъуэкъуу щӀадзащ.


Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ Тхьэм дызэрыхуэлажьэр лъэныкъуэ псомкӀи догъэлъагъуэ: шыӀэныгъэшхуэ зэрыдиӀэмкӀи, гузэвэгъуэм дыхэтми, гугъуехь тшэчми, гухэщӀ диӀэми,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ