23 ПщӀэ зимыӀэ икӀи щӀэныгъэ зыхэмылъ зэдэуэныгъэхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Абыхэм цӀыхухэр зэрызэщагъыхьэр уощӀэ.
А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр.
ПщӀэ зимыӀэ зэдэуэным, лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэм, Торэт хабзэм теухуа зэгурымыӀуэными зэщыхьэными защыхъумэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм фӀагъ лъэпкъ къадэкӀуэркъым, пщӀэи яӀэкъыми.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэм пэӀэщӀэ зыщӀ, апхуэдэхэм яхэтхэр Тхьэм нэхъ пэжыжьэ хъу зэпытщи.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ фыз хъыбархэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.
Зэбииныгъэрэ зэщыхьэныгъэрэ дэнэ къикӀыу къыфхыхьэрэ? Хъуэпсэныгъэ Ӏейхэу фигухэм илъу щызэныкъуэкъухэракъэ къызыхэкӀыр?