Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:21
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм хуэлажьэ цӀыхур дэтхэнэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру икӀи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.


ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.


Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,


Мэссихь щыгугъыу, апхуэдэу зэрыхъунури хьэкъыу пхыкӀауэ пэплъэ дэтхэнэми и гур егъэкъабзэ, Мэссихь и гур къабзэу зэрыщытым хуэдэу.


Унэшхуэ гуэрым дыщэмрэ дыжьынымрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм я мызакъуэу, пхъэмрэ ятӀэмрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэри щӀэлъщ. ХьэкъущыкъуфӀ дыдэхэри, къызэрыгуэкӀ хьэкъущыкъухэри яхэтщ.


А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.


Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.


А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.


Аращи, гуэныхьым и пщагъэжьыр зыхэфх, тхьэвыщӀэ къабзэм хуэдэ фыхъун щхьэкӀэ – иджы тхьэв мытэджа къабзэу фызэрыщытым хуэдэу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь къурмэныпхъэ къытхуэхъуащ. Ар ӀутӀыж махуэшхуэм Тхьэм къурмэныпхъэ хуащӀ щынэм хуэдэщ.


Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.


Уи цӀыхухэм ягу къэгъэкӀыж Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн, едэӀуэн, фӀы щӀэн дэтхэнэми хуэхьэзырын зэрыхуейр.


Тхьэм гъунэ имыӀэу и нэфӀ ину къыфщыхуэн лъэкӀынущ. Апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи сыт ищӀыскӀи фэ фызыхуэныкъуэр дапщэщи фиӀэнущ, сыт хуэдэ Ӏуэху дэгъуэм щхьэкӀи вгуэшынум нэхърэ нэхъыбэ фиӀэнущ.


Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэм пэӀэщӀэ зыщӀ, апхуэдэхэм яхэтхэр Тхьэм нэхъ пэжыжьэ хъу зэпытщи.


Марк къыздэши, къакӀуэ, абы и дэӀэпыкъуэныгъэ си ӀуэхумкӀэ сыхуейщи.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ