Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 Унэшхуэ гуэрым дыщэмрэ дыжьынымрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм я мызакъуэу, пхъэмрэ ятӀэмрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэри щӀэлъщ. ХьэкъущыкъуфӀ дыдэхэри, къызэрыгуэкӀ хьэкъущыкъухэри яхэтщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:20
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.


Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.


Фэ Мэссихь фи псэм щыщщи, мывэхэм фахуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зэрыс унэм Мэссихь фэри фыхегъэувэ.


Ауэ мы мылъкушхуэр дэ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэр дэрмырауэ, атӀэ Тхьэрауэ зэрэщытыр нахуэ хъун щхьэкӀэщ.


– Сэ жин бзаджэм сиӀыгъкъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм щӀыхь хузощӀ сэ, итӀанэ фэ фыкъысхущӀоджэ.


Уэ ухэт, цӀыху, Тхьэм уеныкъуэкъуну? Хьэкъущыкъум ар зыщӀа цӀыхум жриӀэн: «Мыпхуэдэу сыт сыщӀэпщӀар?»


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ