Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 А тӀур щыпкъагъэм и гъуэгум текӀауэ, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжауэ зэрыжаӀэмкӀэ цӀыху гуэрхэм я фӀэщхъуныгъэр ягъэкӀуэд.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:18
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэтӀуатэ пэтми, фэ фщыщу цӀыху гуэрхэм, «ЛӀахэр къызэрытэджыжынур пэжкъым», жаӀэу, дауэ жаӀэн ялъэкӀрэ?


фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.


Абы щхьэкӀэ а цӀыхухэм сахуэгубжьри, мыпхуэдэу жысӀащ: „Ахэр ягукӀэ зэпымыууэ мэгъуащэ, си гъуэгухэр зыхуэдэри ящӀэркъым“.


А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.


Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэр щыпкъагъэм и гъуэгум текӀ хъумэ, ар гъуэгу занщӀэм тезыгъэхьэжым мыр ирырещӀэ:


А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «щӀэныгъэ диӀэщ», зыхужаӀэжурэ цӀыху гуэрхэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀащ. Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Ӏэмин.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.


Мэссихь фригъусэу Тхьэм лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ. Аращи, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу Мэссихь здэщыӀэ уафэм и Ӏуэхухэм я ужь фит.


Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ.


Ауэ я Ӏуэхур къызыбгъэдэкӀыр Тхьэрауэ щытмэ, ахэр къэвгъэувыӀэн флъэкӀынукъым. Фызыхуэсакъыж, Тхьэм фызэрыпэувыр къыщӀэщыжынкӀи мэхъу.


Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж.


– Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ.


– Си Адэу уафэм щыӀэм химыса дэтхэнэ къэкӀыгъэри лъабжьэкӀэ къыхатхъыжынущ, – яжриӀащ Хьисэ.


Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ