Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Уи нэпсхэр си гум къэкӀыжу, си гум гуфӀэгъуэ из хъун щхьэкӀэ, услъагъуну сыхуейщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1:4
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЩӀымахуэр къимыхьэ щӀыкӀэ укъызэрыкӀуэным хущӀэкъу. Еввул, Пуд, Лин, цӀыхубз Клавдие сымэ икӀи къуэш псоми фӀэхъус къуахыж.


Дигурэ ди псэкӀэ фи деж дыщыӀэми, дипкъкӀэ зыкъомрэ дыкъыщывбгъэдэкӀыжым, ди къуэшхэ, дыфщӀэхъуэпсу, фызэдгъэлъагъуным куэду дыхэтащ.


Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.


Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.


Мыр щӀэттхыр фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэщ.


Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фигухэр зыгъэбыдэн фӀыгъуэ гуэр фэзгъэгъуэтын щхьэкӀэ, фыслъагъуну куэду сыхуейщ.


Аращи, фымыжей, фысакъ! Нэпс щӀэзгъэкӀыурэ жэщ, махуэ жызмыӀэу, фэ фщыщ дэтхэнэми илъэсищкӀэ зэпымыууэ къызэрыгурызгъэӀуар зыщывмыгъэгъупщэ.


Пагагъэ лъэпкъ сигу имылърэ, си гур куэдрэ къигъыкӀыу, журтхэм щэхуу щӀэпхъаджагъэу къыскӀэлъызэрахьэну я гум илъу щытамкӀэ хьэзаб куэд сагъэшэчурэ, Зиусхьэным сыхуэлэжьащ.


Нобэр къэсыху, Адэм си цӀэкӀэ зыкӀи фелъэӀуакъым. ФелъэӀуи, фызэрелъэӀур къыфхуищӀэнущ, фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ.


Апхуэдэу, фэри гукъеяуэ фиӀэщ иджы, ауэ сэ аргуэру фыслъагъужынущ. Абы щыгъуэ фэри фыгуфӀэжынущ, фи гуфӀэгъуэри зыми фтрихыжынукъым.


Зи шабзалъэр абыхэмкӀэ зыгъэнщӀа цӀыхур насыпыфӀэщ. Къалэ куэбжэм Ӏут и бийхэм епсалъэ щыхъукӀэ, и нэхэр упӀэрэпӀэнкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ