Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу ди гум илъымкӀэ хъумэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1:14
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр аращ. Дунейм и цӀыхухэм ар зэрамылъагъум икӀи зэрамыцӀыхум щхьэкӀэ, ягу ирагъэлъын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ фэ ар фоцӀыху, ар фи гъусэщи икӀи фи гум сыт щыгъуи илъщи.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэмэ, фыкӀуэдынущ, ауэ бзэджагъэ фщӀахэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ вгъэкӀуэдмэ, гъащӀэ щыпкъэр вгъуэтынущ.


Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


Тхьэм и унэшхуэм фызэрыхуэдэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум зэрилъри фщӀэркъэ?


АрщхьэкӀэ фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэркъым икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр пэжыгъэкӀэ фигу щилъкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу фрокӀуэ. Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъыр Мэссихь и цӀыхухэм ящыщкъым.


Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,


Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ.


Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.


Фэ Мэссихь фи псэм щыщщи, мывэхэм фахуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зэрыс унэм Мэссихь фэри фыхегъэувэ.


Ар сыхуейуэ сщӀэмэ, ӀыхьэфӀыр згъуэтынущ. Ауэ сфӀэмыфӀу сщӀэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур згъэзащӀэ къудейуэ арщ.


ИусткӀэ зэджэ Исус фӀэхъус къывехыж. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къыздэлажьэ цӀыхухэм яхэт журтхэр аркъудейщ. Абыхэм ину сагъэгушхуащ.


Ауэ сунэт ящӀахэм хъыбарыфӀыр ялъигъэӀэсыну Тхьэм Петр и пщэм къызэрыдилъхьам хуэдэу, сунэт ямыщӀахэм хъыбарыфӀыр ялъэзгъэӀэсыну Тхьэм си пщэм къызэрыдилъхьар ягурыӀуащ.


Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.


Фэ фи пкъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым зэриунэ лъапӀэр, фипкъхэри фыфейуэ зэрыщымытыр фщӀэркъэ?


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, дуней мылъкур зефхьэну узыщыгугъ хъун цӀыхуу фыщымытамэ, мылъку пэжыр фэ фи ӀэмыщӀэ хэтыт къизылъхьэнур?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ