7 Фэр-фэру фощӀэ ди лъэужьым фызэрырикӀуэн хуейр. Фи деж дыщыщыӀам, дымылажьэу дыщысакъым.
Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.
ЗывэдгъэгъэхьэщӀэну хуитыныгъэ димыӀауэ аракъым дыщӀэлэжьар, атӀэ ди лъэужьым фрикӀуэну щапхъэ дыфхуэхъун щхьэкӀэщ.
Аращи, сыныволъэӀу, си лъэужьым фрикӀуэ.
Мэссихь и лъэужьым сызэрырикӀуэм хуэдэу, фэри си лъэужьым фрикӀуэ.
Си къуэшхэ, си лъэужьым фыкърикӀуэ. Фызэрыпсэун хуейм и щапхъэу фэдгъэлъэгъуам тету псэухэм фадэплъей.
ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.
Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.
Зыми дызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀи щыпкъагъэкӀи фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, дыфхэту зэрыщытамкӀэ фыдищыхьэтщ, Тхьэри ди щыхьэтщ.
Ӏуэхуу сэ фэзгъэщӀахэри, къыфхуэзгъэнахэри, сэ къыжысӀэу зэхэфхахэри, сэ сщӀэуэ флъэгъуахэри вгъэзащӀэ. Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэр сыт щыгъуи фи гъусэнущ итӀанэ.
Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.
Ди къуэшхэ, дыныволъэӀу, лэжьэну зымыдэхэм зэрыщыуэр ягурывгъаӀуэ, зи гур кӀуэдахэр вгъэгушхуэ, дэӀэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэӀэпыкъу, цӀыху псоми шыӀэныгъэкӀэ фадэгъуэгурыкӀуэ.