6 Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.
Фэр-фэру фощӀэ ди лъэужьым фызэрырикӀуэн хуейр. Фи деж дыщыщыӀам, дымылажьэу дыщысакъым.
Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.
Ди къуэшхэ, дыныволъэӀу, лэжьэну зымыдэхэм зэрыщыуэр ягурывгъаӀуэ, зи гур кӀуэдахэр вгъэгушхуэ, дэӀэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэӀэпыкъу, цӀыху псоми шыӀэныгъэкӀэ фадэгъуэгурыкӀуэ.
Аращи, ди къуэшхэ, фыкъимыкӀуэту, жьэкӀи тхылъкӀи фэдгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытету гъуэгу захуэм фрикӀуэн хуейщ.
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.
Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.
Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.
ЖысӀа псори фи гум къызэрывгъэкӀыжым щхьэкӀи, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм фызэратетым щхьэкӀи фӀыщӀэ фхузощӀ.
Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.
Ди Зиусхьэну Хьисэ и цӀэкӀэ фызэӀущӀэу, сэри сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэу щыхъукӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ
Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ.
Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:
зи акъыл ныкъуэу, щыпкъагъэм пэжыжьэ цӀыхухэм я зэщыхьэныру пщӀэ зимыӀэрщ. Тхьэр гъэлъэпӀэныр абыхэм фейдэ хэкӀыпӀэу къафӀощӀ. Абыхэм пэӀэщӀэ зыщӀ.
Фэ зыхуэвгъэгъу цӀыхум сэри хузогъэгъу. Сэ згъэгъуа Ӏуэхур, згъэгъун Ӏуэху щыӀауэ щытмэ, си фӀагъ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, Мэссихь и пащхьэм щызгъэгъуащ,
Тхьэм, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, Тхьэм къыхиха мелыӀычхэм я пащхьэм быдэу унафэ щыпхузощӀ, нэкъыфӀэщӀхэм зыкъевмыгъэгъапцӀэу, зыми уримытелъхьэу мы Ӏуэху псори гъэзащӀэ.
Зинэ зыщӀэхэм гъусэ фахуэмыхъуну ныфхуэстхащ.
Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых.