17 Сэ, Паул, си ӀэкӀэ мы фӀэхъус псалъэр ныфхузотх. Мыращ ныфхуэстхыр:
Сэ, Паул, си ӀэкӀэ си фӀэхъусыр фызох.
Тхьэм хьэкум захуэ зэрищӀыр а Ӏуэху псоми къагъэнахуэ, теубыдагъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ гугъуехь зыхуэфщэч Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну къыфхуигъэфэщэнущи.
Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Тертийуэ Паул мы тхылъыр зригъэтхыр сэращ. Зиусхьэныр си псэм щыщу фӀэхъус фызох.
Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсауэ жиӀэу, цӀыху гуэрым Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езым и гум кърилъхьа хуэдэу пцӀыкӀэ жиӀэми, е цӀыхухэм а махуэр къэсауэ жаӀэми, е дэ тхылъкӀэ апхуэдэу ттхауэ цӀыхухэм жаӀэми, а Ӏуэхум щӀэхыу фытемыгузэвыхь икӀи фытемышыныхь.