Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Фессалоникэ II 3:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Гузэгъэгъуэ псори къыдэзыт Зиусхьэным сыт и лъэныкъуэкӀи гузэгъэгъуэ къыврет сыт щыгъуи. Зиусхьэныр фэ псоми гъусэ фхурехъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Фессалоникэ II 3:16
40 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сызэхэхи, Зиусхьэн, къысхуэгъэгъу; Зиусхьэн, дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу».


– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.


Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.


«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.


«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.


Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу мэлыхъуэ лэгъупэжьыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Хьисэ и лъыр арщ мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэу Тхьэм езымрэ дэрэ дяку къыдилъхьар мыхъурым хуэдэу зыгъэпэжар.


Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр Мелхиседек иритащ абы щыгъуэ. Мелхиседек и цӀэм къикӀыращи, япэщӀыкӀэ «щыпкъагъэ зигу илъ пащтыхьщ», итӀанэ Салим къалэм и пащтыхьщ, абы къикӀыр «цӀыхухэр зэзыгъэкӀуж пащтыхьыщ».


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гузэгъэгъуэм и Тхьэуэ щытщ, Ӏуэху зэхэмыбзым и Тхьэуэ щыткъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я члисэ зэхуэс псоми я Ӏуэху зытетыр апхуэдэщ.


Я нэхэр щэм къыщихуащ гухэлъ бзаджэхэр я гум щызэпощэ.


А бзаджэхэм зэрафӀыгъуэр слъэгъуащ, а зыкъызыфӀэщӀыжхэм сэ сехъуэпсащ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Ди Тхьэм щыхь уэрэдыр хужыфӀэ, щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, ди пащтыхьым щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, хужыфӀэ.


Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу, къуэшхэм гузэгъэгъуэрэ фӀэщхъуныгъэр зыхэлъ фӀылъагъуныгъэмрэ къалърес.


Езы ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фи деж дынэкӀуэжыну гъуэгу къытхузэӀурах.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ