14 Мы тхылъымкӀэ нывжетӀэм цӀыху гуэр емыдаӀуэмэ, а цӀыхум гу лъыфтэ, вгъэукӀытэн щхьэкӀи гъусэ фыхуэмыхъу абы.
ФызэгурызымыгъаӀуэ цӀыхум зэрэ тӀэурэ еущие, къомыдаӀуэмэ, пэӀэщӀэ зыщӀ.
Ныфхуэстхар мыращ: Фи къуэшу зыгуэрым зилъытэжми, абы зинэ ищӀэмэ, е нэпсеймэ, е тхьэ нэпцӀхэр игъэлъапӀэмэ, е нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьмэ, е ефакӀуэу щытмэ, е хъунщӀакӀуэу щытмэ, апхуэдэ цӀыхум гъусэ фыхуэмыхъу. Апхуэдэ цӀыхум икӀи фыдэмышхэ.
Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.
Аращи, мы унафэр зымыдэм цӀыхуракъым имыдэр, атӀэ Тхьэуэ езым и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьарщ.
УкъызэрызэдэӀуэнум шэч лъэпкъ къытезмыхьэу ныпхузотх. СынызэролъэӀум нэхърэ нэхъыбэ зэрыпщӀэнури сощӀэ.
Фэ фи дэӀуэныгъэр нэсауэ зэрыхъуу, хэт мыдаӀуэми, хуэфащэр едгъэпшыныжыну дыхьэзырщ.
НыщӀыфхуэстхар фи щыпкъагъэр здынэсыр згъэунэхуну, сыт ищӀысымкӀи фыкъысхуэӀурыщӀэмэ зэзгъэщӀэну аращ.
Зинэ зыщӀэхэм гъусэ фахуэмыхъуну ныфхуэстхащ.
Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.
Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ.
Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.
Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит,
Фэ псори езым фызэредэӀуар икӀи фышынэу, фигухэр кӀэзызу фызэрыхуэзар Тит игу къыщыкӀыжкӀэ, икъукӀэ къыфхуэарэзыщ.
ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэкъым мыр ныщӀэстхыр, си бын лъапӀэхэм фахуэдэу къывгурызгъэӀуэн щхьэкӀэщ.
Мы тхылъым феджа нэужь, Лаодикие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэри мы тхылъым иреджэ. Фэри Лаодикие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм ныфхурагъэхьыну си тхылъым феджэ.
Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.
Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых.