13 Фэ, ди къуэшхэ, мыр вжыдоӀэ: фӀы щӀэным зевт, фемыщу.
Фемышын икӀи фи гур фымыгъэныкъуэн щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь фегупсыс. Езыр жагъуэу зылъагъу гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм сыту гугъуехьышхуэ ирагъэшэча!
Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым.
Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.
Гугъуехь куэд фшэчащ, теубыдагъэ фиӀэуи фопсэу, си цӀэм щхьэкӀэ куэду фылэжьащ икӀи фешакъым.
И бынкӀэ къывэджэурэ, Тхьэм фигу зэригъэзагъэр фщыгъупщащ: «Си бын, Зиусхьэным ӀурыщӀэ ущищӀкӀэ, нэмыплъ епту ущымыт, езыр къыщогийкӀи, уи гур умыгъэныкъуэ,
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.
Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.
Тхьэм сызэрелъэӀур щӀэныгъэрэ зэхэщӀыкӀ псомрэ ящӀыгъуу, фӀылъагъуныгъэ нэхъ куэд зэпымыууэ фиӀэну арщ.
ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.
Тхьэм псори езым и Къуэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэува нэужь, и Къуэри Тхьэуэ псори зи щӀагъ щӀэзыгъэувам и тепщэныгъэм щӀэувэнущ. Апхуэдэу, Тхьэр цӀыху псом я дежкӀи сыти мэхъу.
Фи бийм хуэдэ фемыплъ, атӀэ фи къуэшым хуэдэ гурывгъаӀуэ абы.