11 Фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм лэжьэн ямыдэу зэхэтхащ. Абыхэм Ӏуэху ящӀэркъым, ауэ я Ӏуэху зыхэмылъым хэтщ.
Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ.
Фщыщ гуэрым гугъуехь ишэч хъумэ, щӀишэчыр е цӀыху укӀынкӀэ, е дыгъуэнкӀэ, е бзаджэщӀагъэкӀэ, е и Ӏуэху зыхэмылъым зэрыхэӀэбэм къыхэкӀу иремыхъу.
Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.
Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.
ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.