10 Фи деж дыщыщыӀам, мы унафэр фхуэтщӀащ: Лэжьэну хуэмейр иремышхэ.
Уи нэкӀум пщӀэнтӀэпсыр къежэхыу, уи щӀакхъуэ Ӏыхьэр пшхынущ укъызыхэкӀа щӀыгум ухыхьэжыхукӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ усабэщи, сабэм ухыхьэжынущ.
Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.
Фи деж дыщыщыӀам, гузэвэгъуэ дызэрыхэхуэнур нывжетӀэгъащ. Фэ зэрыфщӀэщи, апхуэдэуи хъуащ.
А Ӏуэхухэр иджы щӀывжесӀэр а махуэр къэсмэ, ахэр зэрывжесӀар фигу къэвгъэкӀыжын щхьэкӀэщ. Ахэр сэ вжесӀакъым нэхъапэм, сызэрывигъусам къыхэкӀкӀэ.
Ахэр къыщыкӀуэм, Паул яжриӀащ: – Япэ махуэм къыщыщӀэдзауэ Асие хэкум сыкъызэрихьэрэ, фи деж щызгъэкӀуа зэман псоми си псэукӀэр зыхуэдэу щытар фэ фощӀэ.
– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.
Фи деж сыщыщыӀэм, а Ӏуэхухэр зэрывжесӀар фигу къэкӀыжыркъэ?