5 Фи деж сыщыщыӀэм, а Ӏуэхухэр зэрывжесӀар фигу къэкӀыжыркъэ?
Мы дунейм сехыжа нэужьи, мы Ӏуэхухэр сыт щыгъуи фи гум къызэрывгъэкӀыжыфынум иджы сыхэтынущ.
Фи деж дыщыщыӀам, мы унафэр фхуэтщӀащ: Лэжьэну хуэмейр иремышхэ.
Адэр и бынхэм зэрадэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу, фэ фщыщ дэтхэнэми дывдэгъуэгурыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.
зым зыр илъагъу мыхъуныр, цӀыху укӀыныр; удэфэныр, щхьэрутӀыпщу ефэ-ешхэ щӀыныр, апхуэдэ нэгъуэщӀ Ӏуэхухэри. Нэхъапэм нызэрывжесӀам хуэдэу иджыри нывжызоӀэ, апхуэдэ икӀагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.
Аращи, фымыжей, фысакъ! Нэпс щӀэзгъэкӀыурэ жэщ, махуэ жызмыӀэу, фэ фщыщ дэтхэнэми илъэсищкӀэ зэпымыууэ къызэрыгурызгъэӀуар зыщывмыгъэгъупщэ.
А Ӏуэхухэр иджы щӀывжесӀэр а махуэр къэсмэ, ахэр зэрывжесӀар фигу къэвгъэкӀыжын щхьэкӀэщ. Ахэр сэ вжесӀакъым нэхъапэм, сызэрывигъусам къыхэкӀкӀэ.
Нэ фиӀэрэ пэт, фымылъагъуу ара? ТхьэкӀумэ фиӀэрэ пэт, зэхэвмыхыу ара?
КъывгурымыӀуэу ара иджыри? ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?
Фи деж дыщыщыӀам, гузэвэгъуэ дызэрыхэхуэнур нывжетӀэгъащ. Фэ зэрыфщӀэщи, апхуэдэуи хъуащ.
Бзаджагъэм и цӀыхум иджы гъуэгу езымытыр фэ фощӀэ. Ауэ игъуэр къыщыскӀэ, бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ.