Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Фессалоникэ II 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсауэ жиӀэу, цӀыху гуэрым Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езым и гум кърилъхьа хуэдэу пцӀыкӀэ жиӀэми, е цӀыхухэм а махуэр къэсауэ жаӀэми, е дэ тхылъкӀэ апхуэдэу ттхауэ цӀыхухэм жаӀэми, а Ӏуэхум щӀэхыу фытемыгузэвыхь икӀи фытемышыныхь.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Фессалоникэ II 2:2
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Гъунэгъууи жыжьэуи, зауэ хъыбар щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.


Сэ, Паул, си ӀэкӀэ мы фӀэхъус псалъэр ныфхузотх. Мыращ ныфхуэстхыр:


Зауэхэм я хъыбархэмрэ цӀыхухэм къэралхэм я гъэпсыкӀэр якъутэжыну къызэрызэщӀэтаджэм и хъыбархэмрэ щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.


Зиусхьэным и псалъэхэм ятету мыр нывжыдоӀэ: Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, дэ, псэууэ къэнахэр, лӀахэм япэ дищынукъым.


Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ.


– Фымыгузавэ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.


Теубыдагъэ фиӀэмэ, фи псэр мыкӀуэду къевгъэлынущ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.


Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.


Аращи, ди къуэшхэ, фыкъимыкӀуэту, жьэкӀи тхылъкӀи фэдгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытету гъуэгу захуэм фрикӀуэн хуейщ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дыгъуакӀуэр цӀыхухэр пэмыплъэххауэ жэщым къызэрыкӀуэм хуэдэу, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм деж фымыщӀэххэу къызэрыкӀуэжынум фыщыгъуазэщ.


Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.


Иджырей гузэвэгъуэ дызыхэтым къыхэкӀкӀэ фызэрыщытым хуэдэу фыщытыныр нэхъыфӀу солъытэ.


Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэну лъэкӀыныгъэр зрит цӀыхухэм я ӀэмыщӀэ а лъэкӀыныгъэр илъщ,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ