Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Фессалоникэ II 2:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Фессалоникэ II 2:13
42 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и губжь къыттригъэхуэн щхьэкӀэкъым абы и бын дыхъуну дыщӀигъэувар, атӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дымыкӀуэду дыкъригъэгъэлын щхьэкӀэщ.


Фэ, Тхьэм фӀыуэ илъагъу ди къуэшхэ, абы и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхихар дощӀэ,


Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.


ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ: «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех,


Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


ФӀылъагъуныгъэ жыхуэсӀэр Тхьэм дэ худиӀэ фӀылъагъуныгъэр аракъым, атӀэ Тхьэм фӀыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкӀуар арщ.


Апхуэдэу щыпкъагъэр зи фӀэщ мыхъу цӀыхуу бзаджагъэр зигу ирихь псори Тхьэм игъэкъуэншэнущ.


Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.


Тхьэм япэщӀыкӀэ дэ фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэ ди гуми фӀылъагъуныгъэ илъщ.


Езыр хуеяти, щыпкъагъэм и псалъэхэмкӀэ езым и бын дигъэхъуащ, езым къигъэхъуа псоми ящыщу япэ дитын щхьэкӀэ.


Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэу фӀыуэ дызылъэгъуауэ, зи нэфӀ щыхуэныгъэмкӀэ сыт щыгъуи дызыгъэгушхуэм фӀыгъуэм дыщегъэгугъ. Абырэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ, сыт хуэдэ фӀыгъуэри вгъэзэщӀэн икӀи къыжыфӀэн щхьэкӀэ, фрырагъэгушхуэ, фигури ирырагъэбыдэ.


Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ.


Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар?


Абыхэмрэ дэрэ дякум Тхьэм зэхэгъэж къыдилъхьакъым, абыхэм ягури фӀэщхъуныгъэмкӀэ игъэкъэбзэжащи.


Тхьэм мыпхуэдэуи жиӀащ: «Уэ, Зиусхьэн, щӀэдзапӀэм деж щӀылъэм и лъабжьэхэр хэбгъэуващ, уафэхэри уи ӀэщӀыгъэщ.


Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ.


Зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа цӀыхуу, илэжьа Ӏуэхум щӀытеукӀытыхьыжын лъэпкъ щымыӀэу, щыпкъагъэм и псалъэхэр цӀыхухэм пэжу езыгъащӀэ цӀыхуу Тхьэм дежкӀэ узэрыщытыным и ужь ит.


КӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи игъэпцӀэнущ. Ахэр щӀэкӀуэдыр, мыкӀуэду зыкърагъэлын щхьэкӀэ, щыпкъагъэр фӀыуэ ялъагъун зэрамыдар арщ.


Хэт зыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур Тхьэм къыхиха цӀыхухэр? Тхьэращ абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зылъытэр.


Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Гуэныхь щӀэным фрипщылӀу фыщытащ, ауэ иджы фызыщагъэгъуэза фӀэщхъуныгъэ Ӏуэхухэм фигукӀэ зефтауэ фыхуэпэжщ.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


ЩӀэдзапӀэм деж Псалъэр щыӀащ. Ар Тхьэм деж щыӀащ, а Псалъэр Тхьэуэ аращ.


езым и пащхьэм гукъабзагъэрэ щыпкъагъэрэ игъащӀэкӀэ щыдиӀэу».


Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.


Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.


Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.


Ди гур мыкъабзэу дыпсэуну аракъым Тхьэм дыкъызыхуриджар, атӀэ ди гур къабзэу дыпсэуну арщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ