Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Фессалоникэ II 1:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Аращи, цӀыхухэм сыт хуэдиз гугъуехь фагъэшэчми, сыт хуэдиз гузэвэгъуэ фыхэтми, теубыдагъэрэ фӀэщхъуныгъэрэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и члисэ зэущӀэхэм и пащхьэм дыщыфщотхъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Фессалоникэ II 1:4
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Теубыдагъэ фиӀэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн икӀи фызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр вгъуэтын щхьэкӀэ.


Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, Иудей хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящыщ цӀыхухэм я лъэужьым фытехьащ. Журтхэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщытам хуэдэу, фи лъэпкъым щыщхэм фэри гугъуехь фагъэшэчащ.


ДызыгъэгуфӀэри дызыпэплъэ ди ӀыхьэфӀыр диӀэ зэрыхъуным дыщызыгъэгугъри фэракъэ? ТекӀуэныгъэр къызэрытхьар къэзыгъэлъагъуэ тажу, Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм абы и пащхьэм дыщызэрыпэгэнур фэракъэ?


Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.


Тит и пащхьэм сыкъыфщыщытхъуащ, фэри сывгъэукӀытакъым. Щыпкъэ псори нызэрывжетӀам хуэдэу, Тит и пащхьэм дыкъызэрыфщыщытхъуа Ӏуэхухэри пэжу къыщӀэкӀыжащ.


Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу абы и унафэхэр зыгъэзащӀэу, Хьисэми щыпкъагъэ хузиӀэхэм теубыдагъэ ярыреӀэ.


Хэти, Зиусхьэным къыхуигъэува псэукӀэм тету, и бынхэм ящыщ хъуну Тхьэм къыщыхуриджэм зэрыщытам хуэдэу псэун хуейщ. Члисэ зэхуэс псом аращ сэ яхуэсщӀ унафэр.


щӀэныгъэр зышыӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зышыӀэныгъэр теубыдагъэкӀэ вгъэбагъуэ; теубыдагъэр Тхьэм и шынагъуэкӀэ вгъэбагъуэ;


Теубыдагъэ зиӀэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоӀэ. Ӏэиуб бегъымбарым и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкӀэм-икӀэжым Зиусхьэным абы фӀы къызэрыригъэгъуэтыжар фощӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ иӀэщ, абы и гур дэ къытщӀогъу.


Ибрэхьим шыӀэныгъэ хэлъти, Тхьэм къызэригъэгугъар иӀэ хъуащ.


Тхьэм и фӀылъагъуныгъэми Мэссихь и теубыдагъэми фи гур Зиусхьэным хуреунэтӀ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Македоние хэкум щыщхэр си гъусэу накӀуэу, фыхуэмыхьэзыру къыщӀэкӀмэ, дызэрыфщыгугъам щхьэкӀэ дыукӀытэжынущ – фэ фызэрукӀытэжынур къыжытӀэнури хьэкъщ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщу фызэрегугъур сощӀэ. Фэ, Ахаие хэкум исхэр, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуну нэгъабэ лъандэрэ фызэрыхьэзырыр Македоние хэкум щыщхэм яжесӀэри, сыфщытхъуащ. Фэ фызэрегугъум къыхэкӀкӀэ абыхэм я нэхъыбэри дэӀэпыкъуэгъу хъуну тегушхуащ.


Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхугъуэхэм фащыгуфӀыкӀ. Гугъуехь фрихьэлӀэмэ, зыхуэвгъэщэч. Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


Ауэ дэ ди нэкӀэ дымылъагъум дыщогугъри, шыӀэныгъэ диӀэу дыпоплъэ.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


КуэдкӀэ сыфщогугъ. Ину сызэрыпагэр фэращ. Гузэвэгъуэ Ӏэджэм дыхэтми, гушхуэныгъэшхуэрэ гуфӀэгъуэшхуэрэ диӀэщ.


Аращи, Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ симыӀэми, къысхущӀэджэми, гугъуехь сшэчми, гугъуехь сагъэшэчми, гукъеуэ сиӀэми, согуфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэ симыӀэ щыхъукӀэ, лъэкӀыныгъэ нэхъ согъуэт.


Фымыщхьэх, фӀэщхъуныгъэрэ шыӀэныгъэрэ зэраӀэм щхьэкӀэ Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм я лъэужьым фрикӀуэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ