Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Фессалоникэ II 1:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Ар къыщыхъунур Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэрщ. А махуэм Зиусхьэным и цӀыху лъапӀэхэм абы щӀыхьышхуэ хуащӀынущ, абыкӀи фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа псоми ар яфӀэтелъыджэнущ. Фэри а цӀыхухэм фахэтынущ, ди щыхьэтыгъэр фи фӀэщ хъуащи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Фессалоникэ II 1:10
40 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.


Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.


хэти и Ӏуэхур зыхуэдэр нахуэ хъунущ, Зиусхьэныр къыщылъэгъуэжыну махуэм ар къигъэнэхуэнущи. А махуэр мафӀэм и щӀыгъуу къэкӀуэнущ, мафӀэм хэт и лэжьыгъэри зыхуэдэр къигъэнэхуэнущ.


Сэ си ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэр псори ууейщ, уэ уи цӀыху псори сысейщ. Абыхэми си щӀыхьышхуэр къагъэнахуэ.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.


Мэссихь хуэтщӀа щыхьэтыгъэр фи гум лъабжьэ хуищӀащи.


Сыту жыпӀэмэ дэ уи губжьым дегъэкӀуэд, уи губжь лъэщым дегъэшынэ.


Къемэтмахуэм Зиусхьэным гущӀэгъу къыхурещӀ. Ефес къалэм куэдрэ къыщыздэӀэпыкъуу зэрыщытар уэ фӀыуэ уощӀэ.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


Ди Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм цӀыхухэм щӀыхьышхуэ хуевгъэщӀынущ абыкӀэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀи фэри щӀыхь фиӀэ хъунущ. Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ я нэфӀ къызэрыфщыхуэм тету апхуэдэу хъунущ.


Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр къызэрыфлъэдгъэӀэсар псалъэ къудейкъым, атӀэ къарукӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хъыбарыфӀыр къыфлъэдгъэӀэсащ, нэгъэсауэ ар фи фӀэщ дгъэхъуащ. Дыщыфхэтым, ди фӀагъ фэдгъэкӀыу дызэрыфхущытар фощӀэ.


Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу,


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ.


Дэ, Тхьэм и цӀыхухэм, ди щхьэхэр ищэхужыху, ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди сакъылэтщ, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.


Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.


Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – А узыр зэрылӀыкӀын узкъым, и хьэтыр атӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэр къыхуэзыхьын узыфэщ. А узыфэм и хьэтыркӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Къуэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.


Сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, Содом къалэм гугъуехьу ишэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


– А махуэр е а сыхьэтыр къыщысынур зыми ищӀэркъым. Уафэхэм щыӀэ мелыӀычхэми ящӀэркъым, Тхьэм и Къуэми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэм и закъуэщ ар зыщӀэр.


ЦӀыху куэдым мыпхуэдэу къызжаӀэнущ а махуэм: «Зиусхьэн! Зиусхьэн! Тхьэм езым и псалъэу ди гум кърилъхьар уэ уи цӀэкӀэ жытӀэу щытакъэ, уэ уи цӀэкӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхэтхужу щытакъэ, Ӏуэху телъыджэ куэд уэ уи цӀэкӀэ тщӀэуэ щытакъэ?»


ЩӀыхь хурещӀ Абы уафэгухэми, щӀыгуми, хыхэми, абыхэм щыпсэу псоми.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


Пэжыр нывжызоӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и Тепщэныгъэшхуэр иӀэу къакӀуэу ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.


Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ