8 Фэ фщӀа Ӏуэхур фымыгъэкӀуэд икӀи фи ӀыхьэфӀыр ирикъуауэ вгъуэтын щхьэкӀэ, фызыхуэсакъыж.
Аращи, гушхуэныгъэу фиӀэр зыхэвмыныж, гушхуэныгъэ зиӀэхэм я ӀыхьэфӀыр инынущи.
ЩӀэх сынэкӀуэжынущ. Фи тажыр зыми къыфӀимыхын щхьэкӀэ, фи фӀэщхъуныгъэм фытемыкӀ.
А лъабжьэм зыгуэрым трищӀыхьар къелымэ, абы хуэфащэ ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ.
Жылэхэр хэзысэри псыр щӀэзыгъэлъадэри зэхуэдэщ. Хэти и Ӏуэхум пэкӀуэ и Ӏыхьэр игъуэтынущ.
Фэ фщыщ зыми Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм зэрызыхимыгъэныным фыхуэсакъ. Зи зэран къакӀуэ лъабжьэ дыджу, цӀыху куэдыр зыгъэуфӀейр къыфхремыкӀ.
Ауэ фэ фызыхуэсакъыж. Тхьэмадэ хасэхэм фрашэлӀэнущ, синэгуэгухэми щӀопщкӀэ къыщывэуэнущ. Си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, Ӏэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм, хъыбарыфӀым щыхьэт фытехъуэн щхьэкӀэ фиувэнущ.
Апхуэдиз гугъуехь куэд пщӀэншэу фшэча? Хьэуэ, ар пщӀэншэу щытакъым, пэжкъэ?
Гъавэр иджы Ӏузыхыжым и Ӏыхьэр егъуэтыж, мыкӀуэдыжын гъащӀэм щхьэкӀэщ гъавэр щӀыӀуихыжыр. Апхуэдэу, жылэ зысэри гъавэр Ӏузыхыжри зэдэгуфӀэнущ.
Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ?
– ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ.
Тхьэм и хъыбарыр къывгурыӀуэну абы и нэхур къыщыфтепса блэкӀа махуэр фи гум къэвгъэкӀыж. ФыкъимыкӀуэтыжу и гъуэгу фрикӀуэу, а махуэхэм гугъуехьышхуэ куэд фшэчу щытащ.
Ауэ дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икӀи абы тету дыпсэун хуейщ.
Ауэ фэ фызыхуэсакъыж, а Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, абыхэм я гугъу фхуэсщӀащ.
– Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ Хьисэ.
Псом я ужькӀэ сэ, сабий мылъхуэсым хуэдэм, зыкъызигъэлъэгъуащ.
Пщым абы жриӀащ: «Къалитху уэ пӀэщӀэслъхьэнущ».