6 Аращи, лъэкӀыныгъэ зиӀэ Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъшэ, езым къигъэлъэгъуа зэманыр къыщыскӀэ фыкъиӀэтыжын щхьэкӀэ.
Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъши, езым фыкъиӀэтынущ.
зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, ауэ зи щхьэ зыгъэлъахъщэ дэтхэнэри Тхьэм игъэинынущи.
– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.
Тепщэныгъэ зиӀэхэр я тахътэхэм къридзыхащ, зи гум пагагъэ имылъхэр къиӀэтащ.
щӀым егъэзыгъэу тет псори къригъэлын папщӀэ, хьэкум ищӀэну Тхьэр къыщежьэм.
Тхьэм игъэува зэманым, дэ дэӀэпыкъуэгъу дыщызэхуэмыхъужыфым, дэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм, щхьэкӀэ Мэссихь лӀащ.
Зыкъытхуэгъазэ, Зиусхьэн! Сыт хуэдизрэ дызэбгъэжьэну? ГущӀэгъу хуэщӀ уи ӀурыщӀэхэм.
Хьэмэрэ Зиусхьэныр дгъэгубжьыну ара дызыхэтыр? Езым нэхърэ дынэхъ лъэщ?
Си къуэшхэ, Зиусхьэным и цӀэкӀэ къэпсэлъа бегъымбархэм щапхъэ ятефх. Гугъуехь яшэч щыхъум, шыӀэныгъэ зрагъэӀащ.
Сэ цӀыхухэм ялъэзгъэӀэс хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и хъыбарыр игъуэ дыдэм нахуэ ищӀащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм а хъыбарыфӀыр си пщэм къыдилъхьэри, цӀыхухэм ар яхуэсӀуэтэну унафэ къысхуищӀащ.
Абы и псэр цӀыху псоми щхьэщэхужу яхуитащ. Хьисэ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и чэзууэ Тхьэм и мурадыр игъэпэжащ.
Аращи, Тхьэм фыхуэӀурыщӀэ. ШейтӀаным фыпэуви, ар фи пащхьэм икӀынурэ щӀэпхъуэжынущ.