5 Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».
Ауэ ди гум илъым нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ инщ. Аращи, Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гум имылъым».
Мэссихь и фӀэлӀыкӀ фи гум илъурэ, фызэхуэӀурыщӀэ.
Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.
Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.
Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.
Ауэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фи фащэ ирехъу, фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми фахуэмыӀурыщӀэ.
Ауэ псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм жэуап иратын хуейщ абыхэм куэд дэмыкӀу.
Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.
Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.
СфӀэгъэщӀэгъуэн дыдэщ Уэ зэхэщӀыкӀыу къысхууиӀэр – куущ, сылъэӀэсын слъэкӀыркъым.
Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фи зэхуаку дэлъын хуейр, атӀэ нэхъ ин дыдэу фхэтыр нэхъ цӀыкӀум хуэдэ ирехъу, тхьэмадэри щхьэгъэрытым хуэдэ ирехъу.
ЛӀыжьым ухуэмыгубжь, атӀэ уи адэм еплъытэу гурыгъаӀуэ; щӀалэхэми къуэшхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ,
ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.