Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 5:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 5:3
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЗывэдгъэгъэхьэщӀэну хуитыныгъэ димыӀауэ аракъым дыщӀэлэжьар, атӀэ ди лъэужьым фрикӀуэну щапхъэ дыфхуэхъун щхьэкӀэщ.


Си къуэшхэ, си лъэужьым фыкърикӀуэ. Фызэрыпсэун хуейм и щапхъэу фэдгъэлъэгъуам тету псэухэм фадэплъей.


Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.


ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.


Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.


Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.


Ӏуэхуу сэ фэзгъэщӀахэри, къыфхуэзгъэнахэри, сэ къыжысӀэу зэхэфхахэри, сэ сщӀэуэ флъэгъуахэри вгъэзащӀэ. Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэр сыт щыгъуи фи гъусэнущ итӀанэ.


ЦӀыхухэм дэ яхуэтӀуатэ хъыбарыр зытеухуар дэракъым, атӀэ Хьисэ Мэссихь Зиусхьэну зэрыщытыр аращ. Дэри Хьисэ и гъуэгу дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ дыфхуолажьэ.


Апхуэдэу щыт пэтми, дэркӀэ, Зиусхьэныр зи гум илъ цӀыхухэмкӀэ, цӀыхубзыр цӀыхухъум епхауэ щытщ, цӀыхухъури цӀыхубзым епхауэ щытщ.


ЩӀыхь пхудощӀ Уэ, ди Тхьэ, щыпкъагъэкӀэ дыпщотхъу. Уи инагъри уи Ӏуэху щӀагъуэхэри доӀуатэ.


НыбжьыщӀэхэр си деж фыкъакӀуи, фыкъызэдэӀу, Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хувиӀэну сэ фызгъэсэнщ.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.


Паул хэт щыщ? Аполлос хэт щыщ? ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ зыщӀа, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхуу дыщыта къудейщ, Зиусхьэным дэ тщыщ дэтхэнэми и пщэм къызэрыдилъхьа Ӏуэхум хуэдэу.


ФщӀэн хуейр фэзгъэлъэгъуащ, сэ фхуэсщӀам хуэдэ фэри фщӀэн щхьэкӀэ.


Македоние, Ахаие хэкухэм исхэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щапхъэ фахуэхъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ