14 ФӀылъагъуныгъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ фӀэхъус зэфх. Фэ, Мэссихь зи псэм щыщ псоми фигу ирезагъэ. Ӏэмин.
ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфххэ. Мэссихь и члисэ зэхуэс псоми фӀэхъус къывахыж.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу, къуэшхэм гузэгъэгъуэрэ фӀэщхъуныгъэр зыхэлъ фӀылъагъуныгъэмрэ къалърес.
Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.
Къуэш псоми фӀэхъус къывахыж. ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфх.
Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.
Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.
Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!
А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!
– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.
Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.
ГукъабзагъэкӀэ къуэш псоми ӀэплӀэ ефшэкӀыурэ, фӀэхъус схуефхыж.
ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфх. Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.
Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?
ЩӀэхыу услъагъуу, итӀанэ дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэну сыщогугъ.