13 Тхьэм фыкъызэрыхихам хуэдэу, Бабилэн щыӀэ члисэ зэхуэсу Тхьэм къыхихам фӀэхъус къывехыж. Си къуэ Марки фӀэхъус къывехыж.
Петр къехъулӀар къыщыгурыӀуэжым, МарккӀэ зэджэ Иуан и анэ Мэрием деж кӀуащ ар. Абы деж цӀыху куэд щызэхуэсауэ Тхьэм елъэӀурт.
Варнавэрэ Щаулрэ я Ӏуэхур щаухым, Ерусалим къыдэкӀыжщ, МарккӀэ зэджэ Иуан здашэри, Антиохие къалэм ягъэзэжащ.
Мыпхуэдэу къыжиӀащ лъэкӀыныгъэ зиӀэ макъкӀэ: «Къалэшхуэр зэхакъутащ! Бабилэн зи цӀэ къалэшхуэр зэхакъутащ! Жинхэм я унэ хъуащ, сыт ищӀыс жин бзаджэ Ӏейхэми къуалэбзу гущыкӀыгъуэ фӀейхэми я псэупӀэ хъуащ,
И натӀэми цӀэ гуэр тетхат: «Мыр щэхущ. Мыр Бабилэнышхуэу псэжь псоми щӀылъэм и гущыкӀыгъуэхэми я анэщ».
Тхьэм къыхиха уи шыпхъум и бынхэм фӀэхъус къыуахыж. Ӏэмин.
Сыту жыпӀэмэ гугъуехьхэм си псэр зэлъаубыдащ, си гъащӀэри хьэдрыхэ пэблагъэ хъуащ.
Варнавэ МарккӀэ зэджэ Иуан здишэну хуейт.
Паулрэ Варнавэрэ апхуэдизкӀэ зэныкъуэкъуати, зэбгъэдэмыкӀыу хъуакъым. Варнавэ Марк здишэри, Кипр хытӀыгум кхъухькӀэ кӀуащ.
Лъэхъуэщым къыздыщӀэс Аристарх фӀэхъус къывехыж. Варнавэ и унэкъуэщ Марки фӀэхъус къывехыж. Марк теухуауэ унафэ фхуэсщӀащ: Фи деж накӀуэмэ, екӀуу евгъэблагъэ.
Сэ къыздэлажьэ Марк, Аристарх, Димас, Лука сыми фӀэхъус къыуахыж.
Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа уэ гуащэ лъапӀэм, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уи бынхэм мы тхылъыр ныфхузотх. Фэ фӀыуэ фызылъагъур сэ си закъуэкъым, щыпкъагъэр зэзыгъэщӀа псоми фӀыуэ фалъагъу.