Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 5:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Къуэш пэжу слъытэ Силуан къыздэӀэпыкъуурэ мы мащӀэр ныфхузотх. НыщӀэстхыр фи фӀэщ сщӀыну, къывгурызгъэӀуэну икӀи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуауэ сэ нэстхар зэрыпэжым щыхьэт сытехъуэну аращ. Гъуэгу щыпкъэм фытемыкӀ, Тхьэм и нэфӀым зыхэвмыгъэн.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 5:12
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Си къуэшхэ, къызэрывгурызгъаӀуэ псалъэхэр фщтэнкӀэ сыныволъэӀу. Куэдыщэ ныфхуэстхакъым.


Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.


Силуани, Тимофейи, сэри Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьу зи хъыбар фи деж щытӀуэтар зэми арауэ, зэми армырауэ щыткъым, атӀэ Хьисэ Мэссихьыращ Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр.


ФэзгъэщӀа хъыбарыфӀыр фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ. А хъыбарыфӀыр вдауэ, фи фӀэщу абы фытетщ.


Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.


Сэ сы-Паулщ. Фэ, Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.


Сэ сы-Паулщ. Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу, фэ, Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.


ЦӀыху псори Димитрий фӀыкӀэ щыхьэт хуохъу, езы щыпкъагъэри фӀыкӀэ абы щыхьэт къыхуохъу. Дэри фӀыкӀэ щыхьэт дыхуохъу, ди щыхьэтыгъэри зэрыпэжыр уэ уощӀэ.


Гъуэгу захуэм текӀри, гъуэщащ ахэр. Босор и къуэу Билеам зи цӀэм и гъуэгум техьащ. Ахъшэ къыхэхъуэн щхьэкӀэ, бзаджагъэ ищӀэну зыфӀэфӀар аращ.


Аращи, а Ӏуэхухэр влэжьу икӀи щыпкъагъэу фиӀэм быдэу фытет пэтми, ахэр фи гум сыт щыгъуи къэзгъэкӀыжынущ.


Абы и гъусэу узыщыгугъ хъуну икӀи фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Онисим нызогъакӀуэ. Ар фи цӀыхухэм ящыщщ. А тӀум мыбы щекӀуэкӀ Ӏуэху псори фагъэщӀэнущ.


ФӀыуэ тлъагъу ди къуэш Тихик си хъыбар псори фигъэщӀэнущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхумкӀэ пэжыгъэкӀэ дэ къыддоӀэпыкъу икӀи къыддолажьэ.


ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ.


Фэ си хъыбархэри злэжь Ӏуэхухэри фщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ тлъагъу къуэш Тихик псори гурыӀуэгъуэ къыфщищӀынущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу пэжщ.


Тхьэм и мурад щэхур къысхуигъэнахуэри сигъэщӀащ, кӀэщӀу нызэрыфхуэстхам хуэдэу.


Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.


Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.


Петр а лӀыр щилъагъум, Хьисэ еупщӀащ: – Зиусхьэн, мы лӀыр дауэ хъуну?


Арати, члисэ зэхуэсым хэт псори я гъусэу, апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ мурад ящӀащ езыхэм я цӀыхухэм щыщу лӀы гуэрхэр къыхахыну, Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъуу Антиохие ягъэкӀуэн щхьэкӀэ. Къуэшхэм я унафэщӀхэм ящыщу ВарсавэкӀэ зэджэ Иудэрэ Силэрэ хахащ.


Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.


Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуэу лъэкӀыныгъэ Ӏэджэу фи Ӏэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Ӏэм кърилъхьа лъэкӀыныгъэхэмкӀэ и фӀагъ адрейхэм ярырегъэкӀыж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ