Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 5:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 5:10
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.


Ауэ Зиусхьэныр щыпкъэщ. Абы фи гур игъэбыдэнущ, шейтӀанми фыщихъумэнущ.


И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.


Уи пащхьэ сикӀыу, дэнэ сыкӀуэн, уи нэгу сыщӀэкӀыу, дэнэ сыжэн?


ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыхьэт куэдым я пащхьэм фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм фӀыуэ щыхьэт ущыщытехъуэм, а мыкӀуэдыжын гъащӀэр бгъуэтыну Тхьэм укъыхуриджащ.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


Тхьэр щыпкъэщ. Езыращ и Къуэу Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным гъусэ фыхуэхъуну фыкъыхуезыджар.


Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.


Ауэ Тхьэуэ езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджар лъапӀэу зэрыщытым хуэдэу, фэри фи гур лъапӀэу икӀи къабзэу влэжь псори вгъэзащӀэ.


ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.


Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.


Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар дэ фэдгъэщӀа хъыбарыфӀыр арщ. Апхуэдэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къыфлъысынущ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкӀыну сэ Тхьэм сыпхуелъэӀуащ. Уэ си деж къыщыбгъэзэжкӀэ, уи къуэшхэр гъэгушхуэ.


Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».


Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщӀыхь, фи гъащӀэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщӀам хуэдэу, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ быдэ фиӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ зэпымыууэ.


Теубыдагъэрэ гушхуэныгъэрэ къыдэзыт Тхьэм, зы гупсысэкӀэ фиӀэу, Мэссихь Хьисэ и гъуэгу фрикӀуэу фрегъэпсэу.


Мэссихь дызэригъэгугъар мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.


Абы къыхэкӀкӀи, Мэссихьщ Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэщӀэ дэлъ зыщӀыр. Апхуэдэу щӀищӀыр и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджа цӀыхухэм мыкӀуэдыжыну щыт ӀыхьэфӀу Тхьэм ахэр къызэригъэгугъар къалъысын щхьэкӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей зэгурыӀуэныгъэм и тепщэныгъэм щӀэту гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм я щхьэр и лӀэныгъэмкӀэ Мэссихь къищэхужащ.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ.


ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ: «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех,


Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.


И бын хъуну Тхьэм къыхуриджар дэращ – дэ, журтхэм ди мызакъуэу, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми ящыщхэр.


Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.


Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуэу лъэкӀыныгъэ Ӏэджэу фи Ӏэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Ӏэм кърилъхьа лъэкӀыныгъэхэмкӀэ и фӀагъ адрейхэм ярырегъэкӀыж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ