Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 4:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Мэссихь лӀахэми хъыбарыфӀыр яхуиӀуэтащ. Ахэр мы дунейм щытетым, хьэкум ятрищӀыхьащ Тхьэм, цӀыху псоми зэратрищӀыхьым хуэдэу. Мэссихь хъыбарыфӀыр щӀахуиӀуэтар лӀахэм, Тхьэр зэрыпсэум хуэдэу, ахэри псэун щхьэкӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 4:6
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.


И псэм и лъэкӀыныгъэкӀэ щӀыпӀэ кӀыфӀым хэс псэхэм я деж кӀуэри, Тхьэм и хъыбарыр яхуиӀуэтащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ гъащӀэ къыдэзытар, абы дызэриущийм тету дыпсэун хуейщ.


– ЦӀыхухэм фэ гугъуехь фагъэшэчын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм фырагъэубыдынурэ фрагъэукӀынущ икӀи сэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ лъэпкъ псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ.


Торэт хабзэм и Ӏуэху къысхэмылъыжу, Торэт хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀа сыхъуащ – ар къызыпкърыкӀар Торэт хабзэр арщ – Тхьэм сыхуэпсэун щхьэкӀэ. Мэссихь сригъусэу жорым сраӀулӀащ.


ИтӀанэ нэгъуэщӀ мелыӀычу мафӀэм тепщэныгъэ хузиӀэр къурмэн щӀыпӀэм къыӀукӀри, гъубжэ жаныр зыӀыгъым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «ЩӀылъэм и санэ къуэпсхэм япыт жызумхэр хъуащи, уи гъубжэр щтэи, къыпыупщӀ».


Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ