19 Аращи, Тхьэр зыхуейм тету гугъуехь зышэчхэм Тхьэуэ ахэр къэзыгъэщӀауэ узыщыгугъын хуейм и ӀэмыщӀэ зрыралъхьи, фӀы ирыращӀэ.
Сыту жыпӀэмэ си бзаджэщӀагъэхэр къызолъэгэкӀ, хьэлъащэ къыстехъуащ;
Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.
Тхьэр апхуэдэу хуеймэ, фӀы зэрыфщӀэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыныр нэхъыфӀщ, бзаджэ щӀэным щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыным нэхърэ.
Уафэм сыдэкӀуейми, абы ущыӀэщ; хьэдрыхэ сихьэми, абыи ущыӀэщ.
Тхьэр зыхуейр мыращ: фӀыгъуэ длэжькӀэрэ, зыри зымыщӀэ цӀыху гулъытэншэхэм я жьэр едгъэубыдынырщ.
ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.
Ауэ сэ гуэныхьу сщӀар уэсхьэлӀащ, бзаджагъэу сщӀари пщызущэхуакъым; сэ жысӀащ: «Зиусхьэным и пащхьэ ислъхьэнщ си хабзэншагъэхэр», абы щыгъуэ си гуэныхьыр схуэбгъэгъури, си къуаншагъэр Уэ сщхьэщыпхащ.
ЯукӀын мурад яӀэу мывэкӀэ къеуэу щыщӀадзэм, Стефан лъэӀуащ: – Зиусхьэн Хьисэ, си псэр сӀых!
– Си Адэ, си псэр уи ӀэмыщӀэ изолъхьэ, – макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ Хьисэ. А псалъэхэр жиӀэри, и псэр итащ.
Ахэращ Нухь бегъымбарым кхъухьыр щищӀа махуэхэм Тхьэр шыӀэныгъэшхуэкӀэ къапэплъэу щыта пэтми, езым емыдэӀуахэр. Кхъухьым исар цыху зыбжанэт – цӀыхуийт зэрыхъур; цӀыхуийри псым щымыкӀуэду къелъащ.