14 Мэссихь и цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр фи гъусэщи.
Ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ. Аращи, цӀыхухэм зевмыгъэгъэшынэ икӀи зыми зевмыгъэгузавэ.
Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ, фызыхагъэкӀмэ, къыфхуэхъущӀэмэ, икӀи фи цӀэр ягъэпудмэ.
И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.
– Гъуэгу махуэ фытеуващ сэ си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гугъуехь фагъэшэчмэ, къыфхуэмыфащэ Ӏей псори къыфхужаӀэмэ.
МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ.
Ди Зиусхьэныр ин дыдэщ, ин дыдэщ Абы и гуащӀэри, Абы и акъылри гъунэншэщ.
Аращи, Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ симыӀэми, къысхущӀэджэми, гугъуехь сшэчми, гугъуехь сагъэшэчми, гукъеуэ сиӀэми, согуфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэ симыӀэ щыхъукӀэ, лъэкӀыныгъэ нэхъ согъуэт.
Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми.
Теубыдагъэ зиӀэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоӀэ. Ӏэиуб бегъымбарым и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкӀэм-икӀэжым Зиусхьэным абы фӀы къызэрыригъэгъуэтыжар фощӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ иӀэщ, абы и гур дэ къытщӀогъу.
Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.
Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.
Мысырым и мылъку псоми нэхърэ Мэссихь щхьэкӀэ езыр ягъэпудыныр нэхъ къулеигъэу илъытащ, ӀыхьэфӀу къылъысынум пэплъу щытащи.
Арати, сэр щхьэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀырт.
– Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара? Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ.
Ар щажриӀэм, къешхыдащ: – Уэ мы лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщщ, дэ Мусэ бегъымбарым и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщщ.
– Самарие цӀыхухэм уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.
Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.
Уи унэ къикӀа тани уи пщӀантӀэ къыдэкӀа ажи Сэ сыхуэныкъуэкъым.
Абыхэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм и гъуэгум цӀыху куэд техьэнущ, щыпкъагъэм и гъуэгуми цӀыху куэд хуагъэхъущӀэнущ.
Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.
Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.
Уэ уи гурылъхэр къыджыпӀэурэ, дебгъэдэӀуэну дыхуейщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ диным и гъуэгум тет а гупым цӀыхухэр дэнэкӀи къызэрыщыпэувым дыщыгъуазэщ.
Ди пкъым хэлъу, Зиусхьэн Хьисэ и лӀэныгъэр къетхьэкӀ зэпытщ, Хьисэ и гъащӀэр нахуэу ди пкъым къыхэщын щхьэкӀэ.
Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.
Ауэ Мэссихь и гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зыгуэрым гугъуехь ишэчмэ, иремыукӀытэ, Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щӀыхь хурырещӀ.